Бжэндэхъупэж
Jump to navigation
Jump to search
Бжэндэхъупэж | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Centaurea cyanus Linnaeus | ||||||||||||||
|
Бжэндэхъупэж (лат-бз. Centaurea cyanus) — удз лӏэужьыгъуэщ. Зы гъэкӏэ е гъитӏкӏэ къокӏ.
Теплъэр[гъэтэрэзын | edit source]
Занщӏэу докӏей, и пкъым см. 30-60 и лъэгагъщ, цы щабэ тетщ, къудамэ къытокӏэ. И тхьэмпэхэр бгъузэщ, см 5-10 я кӏыхьагъщ. Къудамэ щхьэкӏэхэм гъагъэ къащхъуэхэр, щхьэ цӏыкӏу зэхэту, гъэмахуэм къапедзэ. Къэкӏыгъэм лъабжьэ ищӏхэр инкъым, псыгъуэщ. Дыгъэгъазэм ещхь и жылэ цӏыкӏухэр гъэмахуэкӏэм, бжыхьэм мэхъу.
КъыздэкӀыр[гъэтэрэзын | edit source]
Бжэндэхъупэжым ущрохьэлӏэ губгъуэхэм, щӏыжьхэм, жыгхадэхэм, куэншыб идзапӏэхэм.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр[гъэтэрэзын | edit source]
Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.