Щомыщ
Щомыщ | ||||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||||
Panthera pardus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
ПлъыжькӀэ къыхэгъэкӀар-здэпсоуахэр; удзыфэху-макӀыу, зэрызурэ къыздэнахэр; удзыфэкъуафӀцӀэ-нэхъ хъэрзыну здэпсо | ||||||||||||||||
|
Щомыщ (лат-бз.: Panthera pardus, ур-бз.: Леопард, барс) — шъакӀуэ-псэушъхьа, шэрыпӀ, джэду лъэпкъым ящыщ (джэдуушхуэ-лъэпкъ Panthera-хэм яхэт плӀым изы)
XX-лъэхъэнэм дунейпсо Тхылъ Плъыжьым иратха, Урысейм Итхылъ Плъыжьым, абы пэмыкӀыу иджыри тхылъ бжыгъэхэм.
Аплъэпкъыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щомыщыр псэушъхьа иныфӀу щыт; икӀыфэр кӀыхьу, къэрууфӀу щыту; ишъхьар хъуреуэ, икӀапэр кӀыхьу, лъакъуэхэр хуэкӀэкӀыу-къэрууфӀу, итхьакӀумэхэр инкъым, мы памцӀу, хъуреуэ щытхэ.
Я инагъыр куэду зэшъхьащокӀхэ, шӀыпӀэ здэпсохэм елъытауэ. Мэзхэм щыпсохэр нэхъ цӀыкӀу, псынкӀыу щыт губгъуэхэм щыпсохэм елъытамэ. Тауэ щымытми, поми я хъухэр бзыхэм нэхъри нэхъ ину щытхэ.
КӀыфэм икӀыхьагъыр (кӀапэр хэмыту) - см. 90 -190; кӀапэр - см. 60 - 110. Бзыхэм я хьэлъагъыр - кг. 40 - 65; хъухэм - кг. 60 - 80 (макӀыу кг. 100 фӀокӀыр). Хъухэм я лъэгагъыр см. 70 - 80; бзыхэм нэхъ я цӀыкӀу дыдэхэм я лъэгагъыр см. 45 щыфӀэмыкӀи мэхъу.
Я фэр Ӏуву, кӀэкӀыу щыт. ШӀымахуэм цыр нэхъри нэхъ Ӏув, кӀыхь мэхъур (КъуэкӀыпӀэ Джыжьэ щомыщым ицым икӀыхьагъыр см. 7 носыр). Цым ифэр лъэпкъхэм зэрзэшъхьащыкӀыр пшахъуафэм иэ псыфэм къыщыкӀэдзауэ гъуэплъ-гъуабджафэм нэгъунэ. Азиэ лъэныкъуэмкӀэ щыпсохэм яр нэхъ нэху щыт, къуэкӀыпӀэ джыжьэмкӀэ щыпсохэм яр нэхъ плъыжьыфу.
ИкӀыфэм: ибгъухэм, кӀыбым, лъакъуэхэм, кӀапэм, цӀыкӀу иэ иныфӀыу фӀыцӀэ хэпхъа. Африкэ щомыщхэм яхэр нэхъ цӀыкӀу щыт, азиэм щыпсохэм яхэр нэхъ ину.Ныбафэмрэ, лъакъуэкӀуэцӀ-лъэныкъуэхэмрэ хужьу щыт.
Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэм щомыщ-къуафӀцӀэ кӀасу щопсохэ. Апхуэдэхэм яфэр псоуэ фӀыцӀу щыткъым счыгъуи фӀыуэ иэ тӀэкӀу къыхэщу фӀыцӀэ ифэм хэпхъахэр щыт. Я фэ фӀыцӀэр куэду къахуэшъхьапэ, мэздэгу здыкӀэсхэм хэгъуащу. Апхуэдэхэр нэхъыбу здэпсохэр Явэ хы тӀыгум. Щомыщ-къуафӀцӀэ чырыр гъуэжь щомыщчырхэмхэм ядэкӀыгъу бзы гъуэжьм къылъхуфыну. Я шэнкӀэ щомыщ-къуафӀцӀэхэр нэхь бзаджу щытхэ адрейхэм ялъытамэ.
Къагъэшъыр хуиту псохэм илъэс 10-11, арысэхэм илъэс 21 носыр.
Здэпсохэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Щомыщхэм шӀыпӀу здэпсом хуэдиз зы джэду лъэпкъ псокъым (унагъуэ джэдум щымыхъукӀэ).
Япэрейм здэпсоуахэр Африкэм инэхъыбэм (Сахара пшэхъуалъэм щымыхъукӀэ), Япэрей Азиэ, Къаукъаз, Пакистан, Индиэ, Китай, Индонезиэ; Явэ, Занзибар, Шри-Лáнка хы тӀыгухэр. Иджыпсу а къэбжэкӀахэм инэхъыбэм щомышъхэр щэӀажькъым (Марокко, Синай хы тӀыгуныкъуэ, Занзибар). Адрейхэм Ӏэуэ зэбгырыдзахэу, псэушъхьахэр зэпэджыжьу, зэпымылъыф-зэрмыгъуэтыфу щытхэ. Урысейм макӀыу Уссурий къэралым къэна, Ишъхъэрэ Къаукъазми къэнауэ мэгугъэхэ.
Африкэм джунглэхэм, курыт лъэныкъуэхэм щопсоу. Зыхэмыхьахэр пшахъуалъэ инхэмрэ, псыншэ губгъуэ лъэныкъуэхэмрэ.
Азиэм Амур ипсыхъуэм къыщыкӀэдзауэ, Индиэмрэ Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Азиэмрэ якъушъхьа мэздэгухэм нэс щопсохэ. Абы пэмыкӀыу Азиэм ипшъэ-къуэхьапӀэм нэс Аравий хы тӀыгуныкъуэм, Джуртейм, Анатолий къушъхьахэм.
ЛъэпкъцӀыкӀу зэрзэхэкӀхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Африкэ щомышъыр (Panthera pardus pardus), Африкэ
- Panthera pardus melanotica
- Panthera pardus nanopardus
- Panthera pardus panthera
- Panthera pardus suahelica
- Panthera pardus antinorii
- Panthera pardus reichenowi
- Panthera pardus leopardus
- Panthera pardus shortridgei
- Panthera pardus ituriensis
- Panthera pardus chui
- Panthera pardus adersi
- Индокитай щомышъыр (Panthera pardus delacouri), Индокитай
- Явэ щомышъыр (Panthera pardus melas) Явэ
- Индиэ щомышъыр (Panthera pardus fusca) Индиэ, Пакистаным ипшъэ-къуэкӀыпӀэр, Непал
- Panthera pardus pernigra
- Panthera pardus millardi
- Цейлон щомышъыр (Panthera pardus kotiya) Шри-Лáнка
- Ишъхъэрэкитай щомышъыр (Panthera pardus japonensis) Китай
- КъуэкӀыпӀэ Джыжьэ щомышъыр (Panthera pardus orientalis') Урысейм икъуэкӀыпӀэ джыжьэ, Ишъхъэрэ Китай, Корей
- Перс щомышъыр (Panthera pardus saxicolor) Япэрей Азиэ, Къаукъаз
- Panthera pardus jarvisi
- Panthera pardus ciscaucasica
- Panthera pardus tulliana
- Panthera pardus datbei
- Panthera pardus sindica
- Аравий щомышъыр (Panthera pardus nimr) Аравий хы тӀыгуныкъуэ