Андыз
Appearance
Андыз | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Inula helenium C. Linnaeus 1753 | ||||||||||||||
|
Андыз (лат-бз. Inula helenium) — илъэс зы бжанэкӀэ къэкӀ къэкӀыгъэ лӀэужьыгъуэщ.
НэмыщӀ цӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Адыгэбзэм мы удзым цӀэ бжыгъэ зэрехьэщ.
- Андыз, андыдз — туркубзэхэм къыхэкӀа псалъэщ, турк лъэпкъэхэм я нэхъыбэм къагъэсэбэп цӀэр мы удз андызым тохуэщ.
- Сабыйуц — кӀахэ лъэпкъхэм къагъэщхьэпэӀцӀэщ.
- ЦӀыхуфӀгын — беслъэнейхэм, инжыдж къэбэрдейхэм къагъэщхьэпэ цӀэщ, псалъэм хэт Ӏыхьэ «гын» мыхьэнэ зэрихьэр беслъэнеибзэм хущхъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И лъэгагъыр м 2-2,5-м нос. ЗанщӀэу докӀей, пкъым гъэгъа щхьэ гъуэжь зыбжанэ къыпедзэ мэкъуауэгъуэм-бадзэуэгъуэм. Лъабжьэжь гъум ещӀ. И тхьэмпэхэр инщ, кӀыхьщ. ИщӀагъ тхьэмпэхэр нэхъ инщ ищхьэмкӀэ тетхэм нэхърэ. Андыз жылэхэр бжыхьэм мэхъу зэхьфиран, дыгъэгъазэ жылэм ещхьщ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Андызыр къыщокӀ мэкъупӀэхэм, псыхъуэхэм, мэз лъапэхэм, мэзыбгъухэм, псынащхьэхэм, къуэхэм. Ищхьэрэ Къаукъазым и бгыжьэгъухэм куэду ущрохьэлӀэ.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хущхъуэ куэд зыхэлъ удзщ. Адыгэхэм андыз лъабжьэ зэхэгъэвамкӀэ ныбажэр, кӀэтӀий, ныбэ узхэр ягъэхъуж. Лъабжьэжьым къыщӀэвыкӀа псымкӀэ мэлхэр ирагъэпскӀыу щытащ, цыр изыгъэкӀ узыгъуэхэм щахъумэу.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхыгъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч. 1992 гъ.