Андыз
Андыз | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Inula helenium C. Linnaeus 1753 | ||||||||||||||
|
Андыз (лат-бз. Inula helenium) — илъэс зы бжанэкӀэ къэкӀ къэкӀыгъэ лӀэужьыгъуэщ.
НэмыщӀ цӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Адыгэбзэм мы удзым цӀэ бжыгъэ зэрехьэщ.
- Андыз, андыдз — туркубзэхэм къыхэкӀа псалъэщ, турк лъэпкъэхэм я нэхъыбэм къагъэсэбэп цӀэр мы удз андызым тохуэщ.
- Сабыйуц — кӀахэ лъэпкъхэм къагъэщхьэпэӀцӀэщ.
- ЦӀыхуфӀгын — беслъэнейхэм, инжыдж къэбэрдейхэм къагъэщхьэпэ цӀэщ, псалъэм хэт Ӏыхьэ «гын» мыхьэнэ зэрихьэр беслъэнеибзэм хущхъуэщ.
Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
И лъэгагъыр м 2-2,5-м нос. ЗанщӀэу докӀей, пкъым гъэгъа щхьэ гъуэжь зыбжанэ къыпедзэ мэкъуауэгъуэм-бадзэуэгъуэм. Лъабжьэжь гъум ещӀ. И тхьэмпэхэр инщ, кӀыхьщ. ИщӀагъ тхьэмпэхэр нэхъ инщ ищхьэмкӀэ тетхэм нэхърэ. Андыз жылэхэр бжыхьэм мэхъу зэхьфиран, дыгъэгъазэ жылэм ещхьщ.
КъыздэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Андызыр къыщокӀ мэкъупӀэхэм, псыхъуэхэм, мэз лъапэхэм, мэзыбгъухэм, псынащхьэхэм, къуэхэм. Ищхьэрэ Къаукъазым и бгыжьэгъухэм куэду ущрохьэлӀэ.
Къэгъэщхьэпэгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Хущхъуэ куэд зыхэлъ удзщ. Адыгэхэм андыз лъабжьэ зэхэгъэвамкӀэ ныбажэр, кӀэтӀий, ныбэ узхэр ягъэхъуж. Лъабжьэжьым къыщӀэвыкӀа псымкӀэ мэлхэр ирагъэпскӀыу щытащ, цыр изыгъэкӀ узыгъуэхэм щахъумэу.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
- Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч. 1992 гъ.