Jump to content

ХьэпӀацӀэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
ХьэпӀацӀэхэр
ХьэпӀацӀэхэр
Сэхьэт екӀуэкӀыгъуэкӀэ, ишъхьэм щыкӀэдзауэ: бадзэ Empis livida, цӀыв Rhinotia hemistictus, шӀыбзу Gryllotalpa brachyptera, джэрмэн къадзыгъуэ Vespula germanica, хьэнтрабгъуэ Opodiphthera eucalypti, цӀыв Harpactorinae.
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Артроподхэр
Тип къуэдзэ: Эхаподхэр
ХэкӀ: ХьэпӀацӀэхэр
Латин цӀэр
Insecta
ХэкӀ къуэдзэхэмрэ инфрхэкӀхэмрэ


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 99208
NCBI 50557

ХьэпӀа́цӀэхэр (лат-бз. Insecta) — псэушъхьэхэм я зы класс артроподхэм ящыщ, къэлъытэгъуэхэм ящыщхэр: пакӀитӀ, лъакъуих, дамиплӀ (ахэри цӀыкӀу щытыфынухэ иэ имыӀэнкӀи мэхъуфыр).

ХьэпӀацӀэхэм ящыщу лӀэужъыгъуэ милыуанрэ ныкъуэрэ хуэдиз яшъэр[1]. ХьэпӀацӀэхэр гуп нэхъ индыду щытхэ лӀэужъыгъуэхэм я бжыгъэкӀэ дунейпсом, адрей псэушъхьэхэм ялъытамэ, темыпсэлъыхьауэ, хэшъыкӀыгъуэ ирамытауэ иджыри лӀэужъыгъуэ милыуан 30 хуэдиз къалъытэр, зэрыхъумкӀэ ар 90% мэхъур дунем псэушъхьэ форму тетым[2]. ПэмыкӀ нэхъ яужырей лэжъыгъэхэм хьэпӀацӀэхэм я лӀэужъыгъуэхэм я бжыгъэр нэхъ макӀыу къаӀохур милыуан 6 щыкӀэдзауэ 10 нэгъунэ[3].

ХьэпӀацӀэхэр дунем и лъэныкъу хъуами щыгъуэтыфынухэ, ауэ хым макӀыу щыпсоуным еса лӀэужъыгъуэхэр. ЦӀырэ-цӀырэхэм ящыщу лӀэужъыгъуэ 5, 000 хуэдиз щыӀэ (anisoptera, homoptera), дамэзандэхэм ящыщу 20, 000 хуэдиз (caelifera, gryllidae), lepidoptera ящыщу 120, 000 хуэдиз (хьэнтрабгъуэхэмрэ хъунхэмрэ), дамэтӀуанэхэм ящыщу 120, 000 хуэдиз (бадзэхэмрэ аргъуейхэмрэ), hemiptera ящыщу 82, 000 хуэдиз (мешъымхэр, aphididae, сicadidae), цӀывхэм 350, 000 хуэдиз (scarabaeidae, тхьэгъэлэджхэр), hymenoptera 110, 000 хуэдиз (бжъэхэр, къадзыгъуэхэр, хъумпӀэцӀэджхэр).

Ӏэплъэпкъ зэфӀэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ХьэпӀацӀэхэм я кӀыфэр нэхъ гу еплъытэфыну щыуэ зэхокӀыр (тагмакӀэ яджу): шъхьэ, пкъы, ныбэ джоуэ, а псоми зэхуэдизу экзоскелет ятелъу.

Экзоскелетыр быдапӀу хьэпӀацӀэхэмрэ пэмыкӀ артроподхэмрэ я пкъыр зышъу щытыра, я кӀыфашъхьэ псом телъу. ХьэпӀацӀэхэм зэрзэтелъ зэкӀэлъыкӀуэгъуэр зэхэгъэзыхьауэ щыт; гукӀыӀумкӀэ ахэр: базал мембранэ, эпидермис, кутикулэ; целулар зэтыру зэхэт къуэдер эпидермисыра; адрейхэм селулар яхэмылъу щытхэр, абым яхэтхэр: хитин, без, меланин, скелеротин, артроподин. Скелеротиныр быдэгъуэ, пкъыгъуэ ириту щыт, мыхьэнэ зытӀущ зэрехьэ — псэушъхьэр ехъумэ, скелет мускулхэри еӀыгъыр; шӀым щыпсо хьэпӀацӀэхэм ядежьи экзоскелетыр къахошъхьэпэ я кӀуэцӀыр имгъушъыкӀыным къихъуму. Экзоскелетыр илъэс милыуан 550 зэӀэбэкӀамэ къэхъуа, и зэфӀэувэныгъэм мыхьэнэ бэуэ хилъхьа адаптациэ радиациэмрэ, артроподхэм дунем я пӀэ яубыдамрэ.

ХьэпӀацӀэхэм я шъхьэр лъэныкъуитху зэгуэхьахэм къахэкӀа. А лъэныныкъуэхэм ящыщу къэнауэ плъытэ хъунухэр: пакӀэхэр (лат-бз. antennae), жэгъу гуэгъуищ — зэмыгуэкӀ жъэгъушъхьэр иэ мандибулхэр (лат-бз. mandibulae), жэгъу гуэгъуитӀ зэгуэкӀхэр иэ маскилэхэр (лат-бз. maxillae), кӀагъ Ӏупэ (лат-бз. labium). Жэ зэхэтыкӀэр зытӀущу зэшъхьэщокӀхэр: едзэгъухэр — хэдзэкъэным, шхын быдэ егъэнтрэхыным тегъэпсыхьахэр. Эволуциэ екӀуэкӀам апхуэдэр жэр шхын псыф къуэдейхэм шъхьэкӀи псэушъхьэ гурэхэм зэрихъуэкӀа, ахэри зэшъхьэщыкӀыу: зым дежь кӀэфыныр пхырыугъуэныным тегъэпсыхьахэ (гъуанэдэсхэм, аргъуейхэм пэмыкӀхэм), адрейхэм дежь я шхэныр пхырыугъуэныным емыпхауэ щыт хьэнтрабгъуэхэм хуэду.

Пкъы (лат-бз. thorax) лъэныкъуищу зэхэт — бгъэпэ (лат-бз. prothorax), бгъэку (лат-бз. mesothorax), бгъэкӀэ (лат-бз. metathorax). Бгъэм лъапэхэр зэрыпытым шъхьэкӀэ Ӏэплъэпкъым и нэхъыжъыгъуэ ешъыр и инагъыр мускулэ зэфӀэувэхэм нэхъ лъэш яшъу. Лъакъуэхэр пкъым и кӀагъыбкӀэ кӀэту щытхэ, куэпӀэхэм итху я нэхъыбэм зэрзэхэтхэр: куэ (лат-бз. соха), шхужъ (лат-бз. trochanter), кӀэбдз (лат-бз. femora), лъэнкӀапэ (лат-бз. tibia), лъапэ (лат-бз. tarsus).

ХьэпӀацӀэхэм я дамэхэр (лат-бз. alae) я сурэткӀэ кӀыфэ гукӀыӀум псыгъуабэ къыхэкӀыгъу щытхэ, хуэкӀэхэмрэр бгъэ склерит зызэдзэкӀахэмрэ япышъаху. Я нэхъыбэм дамэхэр гуэгъуитӀу щытхэ: япэрытхэмрэ (бгъэкум пытхэр), яужырытхэмрэ (бгъэкӀэм пытхэр). Дамэхэр фэ псыгъу зэфӀэтхэ (лат-бз. membrana), быдэгъуэ язытыр бзэпс псыгъуэ ярикӀуэхэра, дамэм и пкъыгъуэ хъуху. Бзэпс «тхыпхъэм» зэхъуэкӀыгъуэ бжыгъэ техуа, бэуэ зэкӀэкӀху иэ бзэпс гуэрэхэр кӀуэду, я лъэныкъуэр зэрахъуэкӀыу, зэхыхьэху иэ пэмыкӀ къехъулъу. Абым пэмыкӀыу дамэм «къумшъхьэфэ» къишту хъуа — дамэм бзэпс и бгъуагъкӀэ хэлъауэ хъуар ипэмкӀэ ехахэ, и меканикэ зэфӀэтыкӀэм лъэшыгъуэрэ аэродинамикэ езыттэмрэ. Нэхъ куэддыду къумшъэфу зи дамэ хъуахэр hymenoptera-хэмрэ дамэтӀуанэхэмрэ. ЛӀэужъыгъуэ куэдхэм я зэхъуэкӀыгъуэр пэмыкӀыу хъуа, лъэтэныр псоуэ яужырыт дамэхэм ятуху зызэрахъуэкӀа, я япэрыт дамэхэр быду, Ӏэбжъанафэ дамэтелъ (лат-бз. elytrae хъуахэ, я яужырыт дамэ къутэгъуафӀэхэр яхъуму щымылъатэм дежь абыхэм якӀэлъху. Бжыгъэм ядежь дамэтелъхэм я бзэпсхэр яфӀэкӀуэда (цӀывхэм, дермаптерэхэм).

ХьэпӀацӀэм и Ӏэплъэпкъыр. A — шъхьэ B — пкъы C — ныбэ; 1. пакӀэ 2. НэцӀыкӀукӀагъхэр 3. НэцӀыкӀушъхьэхэр 4. нэшхуэ 5. шъхьэкумцӀ 6. бгъэпэ 7. тхылъынтхуэ 8. къурмакъей 9. бгъэку 10. бгъэкӀэ 11. япэрыт дамэ 12. яужырыт дамэ 13. кӀапцӀэ 14. гу 15. джылалъэ 16. яужырыт кӀэтӀий (кӀэтӀий, куэтэн, анус) 17. анус 18. вагинэ 19. ганглиэ абдоминал 20. малфигиэ тубулхэр 21. Ӏэбжъэнашъхьэ бэгугъэ 22. Ӏэбжъэн 23. лъапэ 24. лъэнкӀапэ 25. кӀэбдз 26. шхужъ 27. шхынгъэткӀу апарат 28. ганглиэ бгъэ 29. куэ 30. Ӏупс гланд 31. ганглиэ тэмакъкӀагъ 32. жэ.
  1. Chapman, A. D., 2009. Numbers of Living Species in Australia and the World, 2nd edition. Australian Biodiversity Information Services ISBN (online) 9780642568618 (индж.)
  2. Tropical forests: their richness in Coleoptera and other arthropod species. E.L. Terri. 1982 гъ. нап. 74-75.(индж.)
  3. Biodiversity at its utmost: Tropical Forest Beetles. E.L. Terry 1997 гъ. нап 27-40.(индж.)