Хы МыутӀэ
Хы МыутӀэ | |
---|---|
и шӀыпӀэтхыпхъэр | |
Здыхэтыр: | Украинэм и ипшъэ-къуэкӀыпӀэ, Урысейм и ипшъэ-къуэхьэпӀэ |
КӀыхьэгъыр: | 343 км |
Бгъуагъыр: | 231 км |
Инагъыр: | 37605 км² |
Ӏуфэм и кӀыхьэгъыр: | 1472 км |
Кууагъ нэхъ иныр: | 14,4 м |
Кууагъ курытыр: | 5—13 м |
Псызэхэжэм и инагъыр: | 586 000 км² |
Псы хэлъадэхэр: | Тэн, Псыжъ |
Хы МыутӀэ Уикисурэтылъэм |
Хы МыутӀэ (урбз. Азовское море, гр-бз. Μαιώτιδα λίμνη, кр.-тат.-бз. Azaq deñizi) — ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм щыщ Хы ФӀыцӀэм ибэссеиным, дунейм нэхъ хы цӀыкӀу, икууагъыр 15 м. фӀэкӀкъым.
ЦӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пэсырем Хы МыутӀэм алыджхэр Меотий хыкӀэ еджэт, римхэм Palus Maeotis, скифхэм Каргалук, меотхэм Темериндэ ("Хым Янэ" къырагъкӀыу), хьарыпхэм Натшлах иэ Бахр ал-Азуф, тыркухэм Бахр эл-Ассак (Хы ШхъуэнтӀабзэ; иджыре тырку ицӀэр Azak Denizi), генуэзхэмрэ венециэхэмрэ Mare delle Zabacche. Восточнэ слэванхэм хыр къыщашъар I илъэсишъэм, Хы ШхъуантӀэ траӀуа. Тамэтэрхъэ къэралыр зэрзэфӀэувэрэ Урыс Хы траӀуэ. Къэралыр зэрыкӀуэдрэ ицӀэр бжыгъэрэ зэрахъуэкӀыр (Самэкуш, Салэкар, Майутис..). XIII илъэсишъэхэм Хы Саксин къытонэ. Тэтэр-монголхэм аргуэру кӀэуэ цӀэхэр ират: Балык-денгизрэ Чабак-денгизрэ.
Зы гупшысыгъэхэмкӀэ Чабак-денгизым зэрихъуэкӀауэ: чабак - дзыбах - забак - азак - азов - цӀэр къыхэкӀауэ, ауэ абэ пылъхэкъым. ПэмыкӀ гупшысэгъуэкӀэ азэкыр - тырку псалъэ, лъахъчэ кыригъэкӀыу. Абы пэмыкӀыу Хым иджыри цӀэ иӀахэр: Барэл-Азов (псы ШъуантӀэ), Хы Фракий (фракийхэм: генуэхэмрэ венециэхэмрэ къырагъэкӀу), Хы Сурож (СурожкӀэ иджырей къалэ Судакым Кърым дэтым еджэт) Хы Каффа (Каффэр - урым быдапӀу щыта, Феодосиэ къалэм иде Къырымым), Хы Киммерий (киммерийхэм яцӀэкӀэ), Акденгиз (тырку Хы Хужь), пэжьм нэхъ ирагъэхьчыр иджырей ицӀэр Азов къалэм къытекӀауэ.
Езы псалъэ "азовым" шъхьакӀи гупшъэсыгъуэ бжыгъэ щыӀа: полов пщым ицӀу щытауэ Азум (Азуф), Ос лъэпӀкъым яцӀэкӀэ (ассхэм), тырку псалъэ азаным ирагъэхьч - "кӀагъ" "кӀагъым", адыгэ - Ӏузэв. ЗэралъытэмкӀэ иджырей урысыцӀэр XVII илъэсишъэм къыщыщӀэдзауэ къытена, Пименым итхылъхэм теухуауэ. ИкӀи ицӀэр здытеубыдатэр Тэн ихыжъэрат. Пётр I Азов зекӀуэхэм ежьа нэуж зэр хыуэ Азов щыфӀашъар.