Уэтэ
Appearance
Уэ́тэ (лат-бз. cellula, зэдзэкӀамэ — пэш цӀыкӀу, безынэ) — дунем гащӀэ зиӀу хъуам я зэфӀэтыкӀэм и зэ бжыгъэ нэхъ цӀыкӀудыдэра, езыр-езыру дунем тетыфыр, зэхэкӀыфыр, зэфӀэувэфыр. Псэущхьу хъуар е уэтэбжыгъэхэ — хьэкӀэкхъуэкӀэхэр, къэкӀыгъэхэр, Ӏэргъэбэгухэр — уэтэ бжыгъу зэфӀэтхэ е протистхэмрэ бактериэхэмрэ хуэду зы уэтэу нэхъ зэфӀэтхэкъым. Биологиэм и къудамэ уэтэхэм я дуней тетыкӀэ зыджым и цӀэр — цитологиэ.
Уэтэхэм я зэфӀэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Уэтэ псэущхьу хъуар дунем тетхэр тӀууэ зэхагъэкӀхэ:
- прокариотхэр — нэхъ кӀэххэр, эволуциэ екӀуэкӀыгъуэм япэреуэ къэхъуаху къалъытэхэращ.
- эукариотхэр — нэхъ щӀыгъуэуэ зэфӀэтхэра, цӀыхум и Ӏэплъэпкъыр зэрзэфӀэт уэтэхэр эукариоту щытхэ.
Теплъэхэм я бжыгъэм емылъытауэ, псэущхьэхэм я уэтэ зэфӀэтыкӀэхэр зы хабзэмкӀэ къокӀуэкӀыр. Уэтэм и фэуэ щытыр плазмалема. И кӀуэцӀым цитоплазмэ ит, абым органоидхэр, ДНФӀ хэтхэ. Уэтэм и органоид къэс езым и мыхьэнэ зэрехьэ, зэхэтху псоми я лэжьыгъэм уэтэм и псэукӀэр къыхокӀ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ биологиэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |