Сэтэней (удз)
Сэтэней | ||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||
|
||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||
Filipendula ulmaria | ||||||||||
|
Сэтэней (лат-бз.: Filipendula ulmaria, ур-бз.: Таволожник) — къэкӀыгъэ Хьацыбанэ-лъэпкъым ящыщ, Еуропэмрэ Къуэхьапэ Азиэмрэ игубгъуэхэм къыщокӀыр.
ЗэрзэфӀэтыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ГъэбжыгъэкӀэ псо удз-къэкӀыгъэ м. 1,5 - 2 илъэгагъу, жэпкъ зандэ, къуэлэн, дамэрэ къудамэрэ бжыгъэ пыту иӀа, лъабжъэр лъахъцу щыту, зэкӀэкӀэжу.
Тхьампэхэр гъэчхэм пыту къытокӀэ тӀурытӀу щырыщу игъунэхэмкӀэ, зы ин пашъхьам иту. ЯшъхьамкӀэ удзыфэ-кӀынфӀу, цӀанлъу щытхэ, якӀагъымкӀэ удзыфэху, пхъашу. Тхьампэшхуэхэм я зэхуакум тхьампэцӀыкӀу дзасэу ядэт.
Гъагъэхэр цӀыку щытхэ, гупышху зэхэубыдауэ гъэчхэм къатокӀэ гъуэжьрэ хужьрэ зэхэлъу, мэфӀ яӀу. Апхуэдэ зы гъэчым икӀыхьагъыр см. 20 нэсыфыну. Щыгъагъэр мэкъуауэгъуэм бадзэуэгъуэм.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Еуропэм (Скандинавым, Еуропэ Курытым, Атлантик океаным иӀуэм Ӏулъ къэралхэм, Укрэинэм), Азиэм (Азиэ Курытым, Азиэ ЦӀыкӀум, Монголым).
Урысейм иеуропей лъэныкъуэм, Къаукъазым, КъуэхьапӀэмрэ КъуэкӀыпӀэ Сыбырымрэ.
Нэхъ кӀасу къыздэкӀыр губгъуэ, мэзкъуи, псыпцӀэхэм-псы ннэхъыбу шӀым здыкӀэтхэм ядей.
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пабжъу зэкӀэкӀауэ |
КӀагъ къудамэ-тхьампэхэр |
Гъэч-тхьампэхэр |
Гъэчым фӀэт гъэгъа-гупзэхэт |
Гъэгъа |
Джылэхэр |