Октавиан Аугуст
| Цезар Аугуст Gaius Iulius Caesar Augustus |
||
| Прима Порта щыщ Аугуст, Ватиканым и музей Киарамонтим | ||
|
||
|---|---|---|
| 27 гъэм шӀычылэм и 16 ди лъ. я пэм — 14 гъэм шышъхьэӀум и 19 ди лъ. | ||
| Яуж ихьэр: | Тиберий Аугуст | |
| Къыщыхъуар: | 63 гъэм фокӀадэм и 23 ди лъ. я пэм Рым |
|
| Дунем щехыжьар: | 14 гъэм шышъхьэӀум и 19 Нола |
|
| Адэр: | Гай Октавий | |
| Анэр: | Атиэ Балба Цезониэ | |
| Шъхьэгъусэр: | 1) Клодиэ 2) Скрибониэ 3) Ливиа Друзиллэ |
|
| Быныр: | пхъу - Йулиэ Нэхъыжъ (Скрибониэ ей) | |
Гай Йулий Цезар Аугуст (лат-бз. Gaius Iulius Caesar Augustus, 63 гъэм фокӀадэм и 23 ди лъ. я пэм - 14 гъэм шышъхьэӀум и 19) — урымым и политик лэжьыгъэ цӀэрыӀуэ.
Гъашъэтхыдэр[гъэтэрэзын | edit source]
Аугуст и адэ Гай Октавиир плебей къуэлейхэм къахэкӀт, шуу лъакъуэм ящыщу, и анэ Атиэр Йулийхэм къахэкӀт, Аугуст Октавианыр Цезарым и патрициу ишъат. Яужым, и гъашъэм Аугустым цӀэ «Октавианыр» къымгъэсэбэпыну пылът нэхъыбэм, Йулий лъэпкъым лъэныкъуэгъукӀэ зэрхэхуам зыщигъэгъупшэжьыным пылъу. И шъэуэгъуэр щекӀуэкӀым зы махуэ гуэрэм тхылъ къыхуэкӀуа и анэм къыригъэхьауэ, къыхуиӀохуар Цезар яукӀауэ. Цезэр тхылъ къигъэнам зэритымкӀэ Октавианыр и къуэуэ къиштат, къану, и мылъкум и нэхъыбэри къыхуигъэнауэ. Ар къишъа яуж, бэуэ хэгупшысыхьурэ, и анэми яужым емыдэӀу Рымым кӀуэн гугъэ ешъыр, Цезэр и унафэкӀэ къыхуэнар иштэну, лъыи шъэжьын игугъу зыукӀахэр къигъэтын гугъэ иӀу.
АпкӀэнтӀэху ӀэнатӀэгъуэр пэмыкӀым иубыдат, а пэмыкӀтэр Марк Антоний, Цезар и шъхьэгъусэ Калкурниэ ахъчэ къыритамрэкӀэ, дзэм и дэӀэпыкъуэгъукӀэ техьат. Аугустым къыщыгурыӀуэм Цезэр къыхуигъэнауэ хъуар пэмыкӀым зэрлъысар, мылъку иӀу хъуар ищэжьын кӀедзэ, яужым и анэмрэ и етӀуанэ хулъхугъэ здэкӀуамрэ я мылъкури ещэ, Цезар гугъэ къигъэнар «урымым щыщ цӀыху къэс сестэрций 300 лъысыну» игъэзэнкӀэным шъхьэкӀэ. Ар щыгъэзанкӀэми Антоний и лажьэкӀэ мылъкуншу къызэрнар къиӀохут, абым пэмыкӀыу Антоний трилъхьэтэр Цезар зыукӀахэм дзэи мылъкуи яӀыгъу хуиту иутыпӀщыжьаху. Абы лъандэрэ Аугустыр нэхъ лъэш мэхъур.
Аугустым губзыгъагъэкӀэ къигъэсэбэпа ӀэнатӀэгъуэ ӀэкӀэлъал, и къэралым дунем гуфӀэгъу тетыр иригъэлъэгъуа, ӀэнатӀэгъуэм и зэпэубыдыгъэм къыхэкӀ гуӀэгъу хъуам хича яуж. Йулий Цезар и губзэгъэгъуэр хэмылъами и гугъэм сыт чыгъуи пэщылът, зэфӀэкӀыгъу игъуэту хъуамкӀи яуж иту. Шъэныгъэм пкӀэ яхуишът, езыр усакӀыу щытт, и цӀэр лъэхъэнэм иритыфа, Ӏэшъагъэхэмрэ шъэныгъэхэмрэ лэшыгъэ щагъуэтам и дэӀэпыкъуэгъукӀэ.
Яуж Аугустым статистикэ тхъылъ къигъэна Урым империэм теухуауэ. Аугустым и гъашъэтхыдэ тхылъ, къэӀуэтэгъуэ лъэшхэм къыхэхауэ Сатониим итхауэ щыта.
ТехьэпӀэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
- Урымым и императорыр (тхыдэ зэгъэзэхуа) (эсп.)
- Октавиан Аугуст (эсп.)
- Аугустрэ Урым империэмрэ – Хуитыныгъэмрэ Хуэныкъуэгъуэмрэ (эсп.)
- Аугуст и лӀэужъыгъэ (эсп.)
- Тхыгъэ псоуэ зэхэгъэхьа Рей Гестай Аугустэ еуэ, алыджыбзэкӀэ, латинкӀэ яужым инджылыбзэкӀэ зэдзэкӀаху.
- ПшъыкӀутӀэнэрей Цезарыр, еджэным и динамикэр (btm) (эсп.)
- Шэнымрэ гупшысыгъэнымрэ Аугуст и Ӏохугъуэхэм. (эсп.)
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |