Муниципал къэхъугъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Муниципа́л къэхъугъэхэр — щӀыпӀэ, зи гъунэ хэгъэшам къэрал унафэщӀым нэмыщӀ, а щӀыпӀэм и унафэщӀхэр ягъувыжыну хуиту щытхэ, щӀыпӀэ упщӀэхэр ягъэзэщӀэжын щхьа. Апхуэдэ щӀыпӀэхэм я унафэщӀхэр езы щӀыпӀэм исхэм хэдэкӀэ къыхах.

Урысейм и муниципал къэхъугъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Урысейм и федерал унафэмкӀэ, къэралым иӀэщ муниципал къэхъугъэ зэмылӀэужыгъуэхэу — 5:

  • Къуажэ тӀысыпӀэ — зы ерэ зытӀущ къуажэ зы щӀыпӀэ зэгуэт ящӀауэ, зы бюджет яӀэу зы унафэ щӀэтхэу щыт. Къужэ тӀысыпӀэхэр муниципал къедзыгъуэхэм хеубыдэхэр.
  • Къалэ тӀысыпӀэ — къалэ ерэ къуажэ къалафэ зытет, къалэ унафэщӀ къыхэх яӀэу муницпал къедзыгъуэхэм хиубыдэу щытхэр. Апхуэдэу къалэ тӀысыпӀэ къалэ куейуэ щымытхэр муниципал къедзыгъуэхэм и хьэблэкуу щытхэщ и нэхъыбэм.
  • Муниципал къедзыгъуэ — жылэ тӀысыпӀэ гупрэ (къуажэми къалэми) тӀысыпӀэ зэхуаку щӀыхымрэ зы административ щӀыпӀэм хиубыдэу зэхэт ящӀахэ. Муниципал къедзыгъуэхэм къагъэхуауэ щыщытхэр, а къедзыгъуэм къыщыхъу Ӏуэхухэр а щӀыпӀэ дыдэм деж щагъэтэрэзу щытын щхьащ.
  • Къалэ куей — къалэ тӀысыпӀэ, муниципал къедзыгъуэм химыубыдэ. Езы къалэм федерал унафэм тету и къалэ Ӏуэхухэм фӀэкӀа, нэгъуэщӀ Ӏуэху зэрамыгъэзахуэу щытхэ.

2014 гъэм, нэкыгъэм и 27-м къыдагъэкӀэ федерал унафэ № 136−ФЗ-мкӀэ, Урысейм и муниципал къэхъугъэхэм, къэхъугъитӀ щӀэуэ муниципал гуэшыкӀэм хагъэхьащ[1]:

Дэтхэнэ муниципал къэхъугъэр къагъэунэхуауэ щыщытыр, а къэхъугъэм къекӀуэкӀ Ӏуэхухэр ягъэтэрэзу, щӀыпӀэм и бюджетыр зэрагъэзэхуэн щхьащ.

Урысейм и муниципал къэхъугъэхэм я бжыгъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Урысейм иӀэ муниципал къэхъугъэхэр щӀэх-щӀэхыурэ яхъуэжу щытщ. Илъэс къэс муниципал къэхугъэ зэмылӀэужыгъуэхэр е зэгуагъэхьэу, е яугэшу щытхэщ.

ИщӀагъэм щӀэт таблицэм къегъэлъагъуэ 2008 гъэ лъандэрэ Урысейм и муниципал къэхъуэгъэхэм я бжыгъэм зэрызихъуэжар.

гъэр муниципал къэхъугъэр гулъытэгъуэхэр
псори абыхэм хиубыдэу
муниципал къедзыгъуэхэр къалэ куейхэр Къалэм и къалэкӀуэцӀ щӀыпӀэ федерал мыхьэнэ зиӀэр тӀысыпӀэ
псори абы хиубыдэу
къалэхэр къуажэхэр
ЩӀыщылэм и 1 (2008 гъэ) 24151 1799 521 236 21595 1734 19861 Урысей статикэм зэрибжамкӀэ
ЩӀыщылэм и 1 (2009 гъэ) 24161 1810 507 236 21608 1745 19863 Урысей статикэм зэрибжамкӀэ
ЩӀыщылэм и 1 (2010 гъэ) 23907 1829 512 236 21330 1739 19591 Урысей статикэм зэрибжамкӀэ [2]
ЩӀыщылэм и 1 (2011 гъэ) 23304 1824 515 236 20729 1733 18996 Урысей статикэм зэрибжамкӀэ [3]
ЩӀыщылэм и 1 (2012 гъэ) 23118 1821 517 236 20544 1711 18833 Урысей статикэм зэрибжамкӀэ [4]
ЩӀыщылэм и 1 (2013 гъэ) 23001 1817 518 257 20409 1687 18722 Урысей статикэм зэрибжамкӀэ [5]

Гулъытэгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Федеральный закон от 27.05.2014 № 136−ФЗ «О внесении изменений в статью 26.3 Федерального закона „Об общих принципах организации законодательных (представительных) и исполнительных органов государственной власти субъектов Российской Федерации“ и Федеральный закон „Об общих принципах организации местного самоуправления в Российской Федерации“»
  2. Росстат. База данных показателей муниципальных образований. Характеристика субъектов Российской Федерации по типам муниципальных образований и видам муниципальных учреждений на 1 января 2010 года.
  3. Росстат. Распределение муниципальных учреждений по типам муниципальных образований на 1 января 2011 года.
  4. Росстат. Распределение муниципальных учреждений по типам муниципальных образований на 1 января 2012 года.
  5. Росстат. Распределение муниципальных учреждений по типам муниципальных образований на 1 января 2013 года.