Зэнтхъ
Зэнтхъ | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Avena sativa Linnaeus, 1753 | ||||||||||||||
|
Зэнтхъ (лат-бз. Avéna sátiva) — хьэцэпэцэхэм ящыщ къэкӀыгъэ лӀэужьыгъуэщ. ЦӀыхухэм куэд щӀауэ къагъэкӀ.
И пкъыхэр занщӀэу см. 100-120-м нэскӀэ докӀейри, мэкъуауэгъуэм и кӀэм бадзэуэгъуэм ирихьэлӀэу, гъашэ къыдедз. И пкъым, бзийхэм цы ятеткъым. Жылэхэр шыщхьэӀум мэхъу. Зэнтхъыр цӀынэ щӀыкӀэ, гъашэ къыдэдзыгъуэм пыбупщӀмэ, Ӏэшым фӀыуэ яшх, мэкъуфӀ мэхъу.
Жылэхэм шхыныгъуэ зэмылӀэужьыгъуэ бэуэ къыхах, шы Ӏус хьэлэмэт мэхъу.
ЩӀэныгъэлӀхэм къызэралъытэмкӀэ, зэнтхъыр цӀыхухэм къагъэкӀыу щӀадзащ гъуаплъэ лӀэщыгъуэкӀэ зэджэ лъэхъэнэм.
А зэманым, ди эрэм и пэкӀэ лӀэщӀыгъуаплӀкӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, псэуащ алыдж ӀэзакӀуэ Диехис. Абы и тхыгъэхэращ нэхъапэ дыдэу зэнтхъым тепсэлъыхьыу тхыдэм щыдгъуэтыр. А къэкӀыгъэр лат-бз. «Avena byzantina» жыхуаӀэрщ. Зи гугъ тхыгъэм екӀуэкӀ лӀэужьыгъуэр нэхъ кӀасэу цӀыхухэм къагъэкӀын щрагъэжьар.
НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Дзэнтхъ — псыжь-инжыдж къэбэрдей псэлъэкӀэ
- Зэнтхъы — кӀахэ псэлъэкӀэ
- Зэтхъы — шапсыгъ псэлъэкӀэ
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхыгъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.