Банэжь
Appearance
Банэжь | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Carduus nutans Linnaeus | ||||||||||||||
|
Банэжь (лат-бз. Carduus nutans) — илъэситӀкӀэ къэкӀ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]И лъэгагъыр м 1-1,5-м нэс удзыжьщ. И пкъыр занщӀэу докӀей, и тхьэмпэхэм лэдэх яӀэщ, лъабжьэ гъум быдэ ещӀ. КъэкӀыгъэм дэнэ дежи банэ папцӀэ пхъашэ куэду тетщ. Япэ илъэсым банэжьым пкъы ищӀыркъым, и лъабжьэр куууэ йокӀых, етӀуанэм — пкъы гъум къыдож. Гъэмахуэкум абы и щхьэкӀэм зыщхьэу зэхэт гъэгъа шакъафэ къыпедзэ. ГъэмахуэкӀэм жылэхэр мэхъу, я теплъэкӀэ дыгъэгъазэ жылэхэм ещхьщ, ауэ куэдкӀэ нэхъ цӀыкӀущ, я фэкӀэ гъуабжэ-фӀыцӀафэщ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]УщырохьэлӀэ губгъуэхэм, гъуэгу гъунэхэм, хуейхэм, мэз лъапэхэм.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Бжьэхэм абы хущхъуэшхуэ зыхэлъ фо къыхах.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.