Аштрамхэр
Appearance
Аштрамхэр | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Trapa Linnaeus | ||||||||||||
|
Аштрамхэр (лат-бз. Trapa) — лӀэужьыгъуэ зыбжанэу гуэша, псыхэкӀыкӀ къэкӀыгъэ лъэпкъыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Я лъабжьэ псыгъуэхэр м 1-2-кӀэ йокӀыхри псылъэгум хокӀэ. Я тхьэмпэхэр хуэплӀимэ щӀыкӀэщ, дзэ яӀэщ, см 2-4 я инагъщ, тхьампэкӀэхэр гъумщ, см 3-5 я кӀыхьагъщ, шэрыбым ещхьу жьы иубыдапӀэ яӀэхэщ. Мис абы папщӀэ къэкӀыгъэхэр псы щӀыӀум есу телъщ. См 0,5-1 нэхъ зи мыинагъ гъэгъа хужьхэр гъэмахуэм къыпедзэ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КъэкӀыгъэр псыпцӀэхэм, псхъуэхуэмхэм, псыинэхэм къыщокӀ. Къаукъазым къыщыкӀ аштрамхэр илъэс зыбжанэкӀэ мэпсэу.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]БжьыплӀ зытет дэм ещхь жылэхэр, хъуа нэужь, шхыныгъуэу къагъэщхьэпэрщ.
ЛӀэужьыгъуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Аштрам (Trapa natans)
- Trapa acornis
- Trapa bicornis
- Trapa bispinosa
- Trapa incisa
- Trapa japonica
- Trapa maximowiczii
- Trapa quadrispinosa
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.