Атолл

Ато́лл — лагунэр хъуреибзэу е хъурей зэпычауэ къэзыухъуреихьыу щыт коралл тIыгу. Нэхъ пэжу жыпIэм атоллыр хышхуэм и лъэгум щыщIэдзауэ псыщхьэм нэс къыдэкIуей лъэгапIэщ, и щхьэр кораллкIэ дэщIеижауэ икIи и хъуреягъ тIыгу цIыкIу гупкIэ къэхъуреихьыжахэу. Хъуреибзэу щыт атоллхэм я лагунэр хышхуэм IузвкIэ епхахэу щыткъым. Лагунэм ит псыри хышхуэм елъытауэ и щыгъуагъыр нэхъ мащIэу щытщ. Атоллыр зэпыча хъурейуэ щытым, абыхэм я лагунэр хышхуэм IузэвкIэ епхахэу щытщ тIыгу цIыкIу къом къагъэхъухэу. Атоллхэр къохъу вулкан тIыгухэр щыбзэхыжхэм деж.
Этимологиэ[гъэтэрэзын | edit source]
«Атолл» псалъэр, малдивыбзэ псалъэ атолу (އަތޮޅު) къытехъукIауэращ.
Атоллыр зэрыщыт[гъэтэрэзын | edit source]
И нэхъыбапIэм атоллыр IыхьищкIэ зэхэлъщ: атоллым и щIыб, риф платформэ итIанэ лагунэ. Атоллхэм я лъэгапIэ нэхъ инхэр метрэ 3-4 фIэкI хабзэкъым. Атоллхэм зэмылIэужыгъуэ щытыкIэрэ конфигурациэрж яIынкIэ хъунущ.
Дунейм и нэхъ ин дыдэ атоллу ябжыр, архипелаг Маршалл тIыгухэм яхэт атолл Куаджалейнщ. Абы и инагъыр 2336 км² мэхъу, абы щыщу 92% еубыд лагунэ 300 километрэкIэ хэшам. Псори зэхэту а атоллым и тIыгу цIыкIу 92-м я инагъыр 14,5 км² мэхъу.
Атолл цIыкIухэр хэгъэкIауэ, мыдрей атоллхэм рифхэм процент зытIущщ атоллым и инагъым щыщу яубыдыр. ЩIыхым процент Iыхьэ тIэкIущ яхуэзэр. Адрейхэр псори лагунэм иубыду щытуращ. Ауэ псалъэм папщIэ атолл Пангелаим рифмэ щIымрэ яхозэр атоллым и инагъ 4 км² щыщу 3 км².
Атоллхэр и нэхъыбэм къохъухэр коралл рифхэм вулкан тIыгур псыщхьэм деж Iэлъыным хуэдэу хъурейуэ къыщаухъурейм деж. И нэхъыбапIэм деж абы къыхэкIыу вулканыр псы щIагъым йотIысэхыж. Апхуэдэу къэмыхъум, курылъ атолл къохъу, вулкан тIыгур лагунэм и кIуэцIым иту.
ЩIым аткIи зиIэту щтымэ, Iэта атолл къохъу. ТIысу щтымэ тIыгур щIэлъэфа атолл мэхъу.
Сурэтылъэ[гъэтэрэзын | edit source]
Атолл Нукуоро (Микронезиэ)
ТехьэпIэхэр[гъэтэрэзын | edit source]
![]() |
Атолл Уикисурэтылъэм? |
---|
- Scott G. A. J., Rotondo G. M."A model for the development of types of atolls and volcanic islands on the Pacific lithospheric plate". USA, Washington D. C.: Smithsonian Institution, 1983 (индж.)
- Fosberg G. «Story of an oceanic arcipelago». USA, Washington D. C.: Smithsonian Institution, 1994 (индж.)
- Rapaport Moshe. «Population pressure on cowl atolls: trends and approaching limits». USA, Washington D. C.: Smithsonian Institution, 1990 (индж.)