Ару

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Ару (лат-бз. Polygonum) — лӀэужьыгъуэ зы бжанэу гуэша лъэпкъыгъуэщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Арухэр я тхьэмпэхэмкӀэ, гъагъэхэмкӀэ, я лъабжьэхэмкӀэ, я теплъэкӀэ, къыщыкӀ щӀыпӀэхэмкӀэ зэхуэдэкъым. ЗэщхьэщыкӀыныгъэ яӀэ пэтми, ахэр зы лъэпкъыгъуэу къызэщӀэзыубыдэ щытыкӀэхэр нэхъыбэщ.

КъыздэкӀхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ару лӀэужьыгъуэхэр къыщокӀ губгъуэхэм, мэз лъапэхэм, псы Ӏуфэхэм, псылъэхэм, уеблэмэ къущхьэхъу, мэкъупӀэхэм.

Къэгъэщхьэпэгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Абыхэм яхэтщ Ӏэщым, джэдкъазым фӀыуэ яшххэр, хущхъуэ къызыхаххэр.

ЛӀэужьыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.