Аму
Аму | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Chaerophyllum bulbosum Linnaeus | ||||||||||||||
|
Аму (лат-бз. Chaerophyllum bulbosum) — гъиткӀэ къэкӀ къэкӀыгъэ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зи лъэгагъыр см 100-150-м нэс удз лӀэужьыгъуэщ. Удзым ипкъ кунэщӀым, занщӀэу дэкӀейм, цы тетхэр мащӀэу пхъашэщ, и тхьэмпэхэр тхьэмпэ цӀыкӀу куэду зэхэтщ, и лъабжьэр куу дыдэу екӀыхыркъым. Амур бадзэуэгъуэм икӀэхэм къощхьэлъэ, гъэгъа хужьыфэ цӀыкӀухэр, Ӏэрамэ хъуреуэ зэхэту, купсэхэм къапедзэ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Нэхъыбэу къыщокӀ губгъуэхэм, хуейхэм, мэзлъапэхэм, хадэхэм, чэтыпӀэжьхэм, куэншыб щылъыпӀэхэм.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Силосу иплъхьэмэ, Ӏэщым фӀыуэ яшх. ЛъабжьэщӀэ хъурейхэр ещӀ, адыгэхэм ахэр къыщӀахри яшх, нысэщӀащхьэкӀэ йоджэ.
КъэкӀыгъэр къэмыщхьэлъэ ипэкӀэ адыгэхэм, абазэхэм, нэгъуэщӀ лъэпкъхэми, ипкъ цӀынэр яукъэбзурэ яшх. Каротин, витамин зэмылӀэужьыгъуэхэр хэлъщ.
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.