Акбарышхуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Акбарышхуэ
جلال الدین محمد اکبر
Акбарышхуэ
Нып
Нып
Индиэм и пэштыхь
1556 — 1605
Япэ итар: Хумайун
Яуж ихьэр: Джахангир
 
Адэр: Хумайун
Быныр: къуэ - Ризакули

Джэлалудди́н Мухьэмма́д Акба́р (Акбарышхуэ, 1542 джэпуэгъуэм и 14 — 1605 джэпуэгъуэм и 17) — Моголышхуэхэм я лъэпкъым щыщ ещанэрей пэштыхь, Бабурым и къуэрылъху, Темырлэн къытекӀа.

Гъашъэтхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Акбарышхуэм и зэманыгъуэм Моголхэм я къэралыр

Акбарышхуэр къалэ Амаракотем къэхъуа иджырей Пакистэным и куей Синдым дэтым. Абдежьым и япэрей илъэс 12-м щыпсоуа. 1555 гъэм, ядэ Хумайуным дэкӀыгъу Дели мэкуэчхэ.

1556 гъм Хумайуныр дунем йохыжь, илъэс 14 хъу Акбарыр ӀэнатӀэпӀашъхьэм тохьэ. ИлъэсиплӀ текӀауэ и дэӀэпыкъуэгъу-тхьэмадэ Байрам-хъаныр къэралым ирегъэкӀыр, яужым зыкъэӀэтыгъуэ бжыгъэхэри егъэбэяур, и къуэш Хьэчымри зхэтар 1579 гъэм дэкӀыгъу. Ахэр зэфӀигъэкӀа яуж и къэралыр хигъэхъуэным яуж йохьэр. И къэралым хегъэхьэхэ - Раджпутанэр, Гуджаратыр, Бенгалыр, Кашмирыр джоуэ.

Моголышхуэхэм я империэм нэхъышъхьэбзу щытахэр туркубзэрэ хиндубзэрэ. Къэралым и пкъы зэфӀэгъувэныр иуха яуж къэралкӀуэцӀ реформэ егъэкӀуэкӀыным яуж ихьа. Нэхъыбу гулъытэгъуэ абыхэм зариттэр къэралым цӀыху ису хъуам зэхуэдэ пӀалъэхэр яӀэну, нэхъапэреуэ и дзэм и шъхьэщытыгъуэ ӀэнатӀэм гулъытэгъуэ иритт, къэралыр кӀэуэ куейкӀэ игуэча, шъыхь уасэтыныр зыуэ псом шъхьэкӀи ишъа. Шъыхьым и системэр кӀэлъыплъыгъуэ лэш иӀэт, тхьэмадэхэр хэмыӀэбэфыну, дыгъуэгъуэ къыхэмкӀыфыным теухуауэ. Абым пэмыкӀыу гъаблэ къыздихьа лъэныкъуэхэм цӀыху исхэм шъыхь яттэкъым, ӀэнатӀэгъуэми дэӀэпыкъуэгъу хуашъхьэт ахъшэ, хьэцэпэцэ джылэм ирату.

Акбарым динхэм гулъытэгъуэшхуэ яритт езыр мыслымэну щыта шъхьэкӀэ хиндудинми, чыристэныгъэми зэригъашъэт. 1582 гъэм къэралым дин кӀэуэ иригъэхьэн игугъэт «дин и иллахьи» Абу ал Фазил дэкӀыгъу ятхар. Абым хиндудинми, мыслъымэныгъэми, заратуштрыгъэми, чыристэныгъэми ящыщ хэту.

1580-1582 гъэм пщышхуэхэм зыкъэӀэтыгъуэ ирагъэкӀуэкӀ и къэралым Акбарым динымкӀэ иригъэкӀуэкӀ реформэхэм пэщытху.

И гъашъэм и яужырей илъэсхэр и къуэ Селимым зэкӀэгъэстэгъуэ иригъэкӀуэкӀхэм хэта. Дунем щехыжьар 1605 гъэм, и пӀэм ихьэр и къуэ Салим, Джахангир цӀэ зтриӀуауэ.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]