АдыкӀэлэн
Appearance
| АдыкӀэлэн | ||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||
|
Mentha aquatica Linnaeus | ||||||||||||||
|
АдыкӀэлэн (лат-бз. Mentha aquatica) — удз лӀэужьыгъуэхэм щыщ къэкӀыгъэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къудамэ куэд зымыщӀ ипкъхэм я лъэгагъыр см. 50-100 мэхъу, и тхьэмпэ хъурей-кӀыхьхэм дзэ цӀыкӀу яӀэщ. Удзым лъабжьэжь псыгъуэ-кӀыхьхэр ещӀ.
АдыкӀэлэным гъатхэм и кӀэм, гъэмахуэм шакъафэ къызыщӀэлъадэ гъагъэхэр, мм. 3-5 нэхъ зимыинагъхэр, къыпедзэ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Мы къэкӀыгъэм нэхъыбэу ущрохьэлӀэ псыхъуэм, щӀыпӀэ псыӀэхэм, псынащхьэхэм.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Адыгэхэм ижь лъандэрэ хущхъуэу сымаджэхэм ирахьэлӀэ. Удзым хэлъ эфирыр медицинэм, парфумериэм къыщагъэщхьэпэ.
| Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.