Адыиху

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Адыиху чэщанэ (Ӏэдииху чэщанэ) — Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм, Хьэбэз куейм дэт, ишъхърэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ Хьабэз къуаджэм пэщылу. ИнджыджцӀыкӀу илъэгапӀэ лъэныкъуэ Ӏуфэм.

Езы Адыихур XVIII лъэхъэнэм, къэбэрдеипщ Темырыкъуэ-Хьаджыкъуэ Бэмэтхэ ищӀа. ПлӀиму, икӀагъыр бгъуэуэ щӀауэ, здыдэкӀуэм хуэзэв хъууэ.

Тхууэ зэтетыт, шъхьагъумджищ иӀэу, кӀэхьапӀэр Ӏатауэ, кӀэлъей кӀэрыгъувамкӀэ фӀэкӀа уимыхьафыну щӀауэ.

Япэрейм псырэ-шхынрэ кӀэлът зауэ екӀуэкӀмэ, бийхэр къытеуэмэ. Иэ яубыдахэр щаӀыгът. Узэрихьафтэр ишъхьам къытетымкӀэ, шъхьагъумджи хэтакъым.

ЕплӀанэми шъхьагъумджэ хэтакъым, лъэгумрэ шыгумрэ икӀыпӀэ иӀамкӀэ нэхур ихьат

Last edited 6 years ago by YiFeiBot