Адыгэ нып
Адыгэ лъэпкъым и нып — иджырей зэманым Хасэхэм, лъэпкъыгъуэхэм, Адыгейм джоуэ я ныпу щыт.
2011 гъэм щыкӀэдзауэ адыгэ лъэпкъым мэлыжъыхьым и 25 махуэр адыгэ ныпым и маху траӀуа.
ЗэфӀэтыкӀэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ныпым и теплъэр плӀимэ хуэкӀыхь удзыфу щит, бгъуагъымрэ кӀыхьагъымрэ зэрзэхущытыр — 2:1. Езы ныпым и кӀуэцӀым дышъэ вагъуэ пшъыкӀутӀрэ чищ зэтелърэ я пэхэмкӀэ дэгъэзеяуэ тет.
Тетым и мыхьэнэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Вагъуэ пшъыкӀутӀым адыгэ лъэпкъ пшъыкӀутӀыр ягъэлъагъуэ, чищым ягъэлъагъуэр адыгъэпщ лъэкъуищ нэхъ жъыдыдэхэра, зэтелъу (зэрыдзауэ) зэрщытхэр — зэрзэкъуэтхэра. Удзыфэм игъэлъагъуэр — дунеир, гъашъэр, адыгэ хэкур джоуэ.
ПэмыкӀ гурыӀуэгъуэхэмкӀэ — чищыр Лъэпшъ и цӀэкӀэ ныпым хагъэхьауэ къоӀохур.
Тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Зы хъыбарым къызэриӀохумкӀэ ныпыр тыркум и пэштыхьым и фызым (адыгэ лъэпкъым къыхэкӀа) езым иӀэкӀэ хидыкӀауэ къыхокӀыр, ныпым и тхыпхъэр Шотлэндым щыщ Уркуарт Девидым и Ӏэшъагъу пэштыхьфызым ӀэкӀэхьауэ.
ЕтӀуанэ хъыбарымкӀэ ныпыр езы Уркуартым ишъри адыгэхэм яӀэкӀигъэхьа XIX лъэхэнэм и 36 гъэм.
А ныпыр адыгэ лъэпкъым я хуитыныгъэ пэщытыным Урыс-Адыгэ зауэм нэхъ лъэш ишъын хуейт, абым шъхьэкӀэ Британиэшхуэм (гугъэ зиӀэтэми Урысейми хуэду Адыгэ Хэкур зыӀэкӀигъэхьэну) и унафэкӀэ ныпыр ишъат Уркуартым.
Last edited 6 years ago by YiFeiBot
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |