Франклин Делано Рузвелт
Франклин Делано Рузвелт ин-бз. Franklin Delano Roosevelt | ||||
1933 гъэм и сурэт | ||||
| ||||
---|---|---|---|---|
1933 — 1945 | ||||
Япэ итар: | Герберт Гувер | |||
Яуж ихьэр: | Гарри Трумен | |||
Партия: | АШЗ-м и демократ партиэ | |||
Еджэныгъэ: | 1) Гаруард университет 2) Колумбиэ университет | |||
Профессиэ: | юрист | |||
Къыщылъхуам цӀэ траӀуар: | Протестант, Епископ чылисэ АШЗ | |||
Адэр: | Джеймс Рузвелт | |||
Анэр: | Сара Делано | |||
Быныр: | Къуэхэр: Джеймс, Франклин, Элиот, Франклин Делано Джон Пхъур: Энн | |||
ӀэпэкӀэдзыр: | ||||
Франклин Делано Рузвелт (ин-бз. Franklin Delano Roosevelt, 1882 шӀычылэм и 30-м — 1945 мылыжъыхьым и 12-м) — америкэм и кърал цӀэрыӀуэ лэжьыгъэ, 32-рей президент АШЗ-м (1933-1945)
Гъашъэтхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Къыздэхъуар Гайд Парк къалэм, Ниу-Йорк штатым, унагъуэ къуэлем. Гаруардымрэ Колумбиэ университетхэм щеджа, абыхэм юрист щӀэныгъэр зэригъэшъа. Теодор Рузвелт АШЗ-м и президенту щытар и Ӏыхьлыуэ хуэхъут.
Политикэм щыхэхьауэ, лэжьэн щыкӀидзар Рузвелтым 1910 гъэм, Демократ партиэм синатору щыхагъэкӀым Ниу-Йорк штатым. 1913-1921 гъэм хымкӀэ и министырым и дэӀэпыкъуэгъу мэхъур, хыдзэм ахъчэ нэхъыбэ хэлъхьаным къыдошъыр, АШЗ-м и президентым и ӀэнатӀэм пӀалъэ нэхъыбэ иӀэнми пылъ.
1921 гъэм Рузвелтыр сымаджэ мэхъур, полиомиелит къыхохьэ, абым яужым къигъэшъауэ хъуа зэманым Ӏэрызехьу щыта, изакъуэ земыкуэфу згуэрэ дэмыӀэпыкъу.
1928 гъэм Рузвелт Ниу-Йорк штатым и губернатор мэхъур. 1932 гъэм презыдент хэхыным токӀуэри хокӀыр (ӀэнатӀэм щыӀухьэр 1933 гъэм).
Социал-экономикэ програмэ Рузвелтым иригъэжьам, цӀэуэ траӀуам "Гъогу щӀэ" (ин-бз. New Deal), зыпылътэр джылэ лэжьыгъэ зэфӀэгъувэным, къэралым пӀалъэ иӀэным экономикэм шъхьэщытыфыным, мафиэм езэуэным. Япэреуэ и президентыгъуэм реформэ бжыгъэ хуэныкъуэгъуэхэм шъхьэкӀэ иригъэкӀуэкӀа, абыхэм ящыщ: банкхэм я системэр, уасэтыным я реформэр, пэмыкӀ бжыгъи. Къэрал гъунапкъэм пэщыл политикэмкӀэ япэреуэ зияуж ихьар Рузвелтыр РССЗ-р къэлъытэным къэрал джоуэ, ар къыщыхъуар 1933 гъэм.
Реформэхэр узыншу зэрекӀуэкӀам шъхьэкӀэ Рузвелтыр етӀуану хокӀыф президенту 1936 гъэм. 1930-хэм АШЗ-м парими и лъэныкъуэ къиштэкъым къэралым и гъунапкъэм пэщыл политикэмкӀэ, 1939 гъм, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр кӀидза яуж эмбаргор Ӏуэхри Ӏэшэр ещэным шъхьэкӀэ къэрал-зэгуэтхэм.
1940 гъэм ЕДЗ-м и пэм, Рузвелтыр ещанэрейэ хокӀыр президенту. 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м, япон уэгузауэдзэр Перл Харборым теуа яуж, АШЗ-р ЕДЗ-м хохьэ къэрал-зэгуэтхэм я лъэныкъуэр къиштауэ. 1942 гъэм шӀычылэм и 1-м Уашингтоным тхылъ кӀатхэ Лъэпкъ Зэгъуэтхэм яр, дунейпсо-палъэ къэлъытэгъуэр дэкӀыгъу абым.
1944 гъэм Рузвелтыр еплӀану хахыр президенту. И лъэжьыгъэ куэд хэлъ Кърым зэхуэсым 1945 гъэм екӀуэкӀам.
1945 гъэм, мылыжъыхьым и 12-м Рузвелтыр дунем ехыжьа. Рузвелтым и пӀэм иувар Гарри Трумэн.
Гулъытэгъу щыэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Франклин Делано Рузвелтыр - АШЗ-м и тхыдэм изакъуэ плӀэуэ хаха президентыр.
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Рузвелт и гъашъэтхыдэр (урыс.)
- Франклин Делано Рузвелт (урыс.)
- Рузвелт Ф.: Япэрей техьэпӀэм и псалъэр (урыс.)
- Рузвелт Ф.: «ХуитыныгъиплӀ» (урыс.)
- Рузвелт Ф.: Лъэпкъым и нэтын зауэм теухуауэ (урыс.)