Франклин Делано Рузвелт

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Франклин Делано Рузвелт
ин-бз. Franklin Delano Roosevelt
Франклин Делано Рузвелт
1933 гъэм и сурэт
Нып
Нып
32-нэ АШЗ-м и президент
Нып
Нып
1933 — 1945
Япэ итар: Герберт Гувер
Яуж ихьэр: Гарри Трумен
 
Партия: АШЗ-м и демократ партиэ
Еджэныгъэ: 1) Гаруард университет
2) Колумбиэ университет
Профессиэ: юрист
Къыщылъхуам цӀэ траӀуар: Протестант, Епископ чылисэ АШЗ
Адэр: Джеймс Рузвелт
Анэр: Сара Делано
Быныр: Къуэхэр: Джеймс, Франклин, Элиот, Франклин Делано Джон

Пхъур: Энн

 
ӀэпэкӀэдзыр: ӀэпэкӀэдзыр

Франклин Делано Рузвелт (ин-бз. Franklin Delano Roosevelt, 1882 шӀычылэм и 30-м — 1945 мылыжъыхьым и 12-м) — америкэм и кърал цӀэрыӀуэ лэжьыгъэ, 32-рей президент АШЗ-м (1933-1945)

Гъашъэтхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къыздэхъуар Гайд Парк къалэм, Ниу-Йорк штатым, унагъуэ къуэлем. Гаруардымрэ Колумбиэ университетхэм щеджа, абыхэм юрист щӀэныгъэр зэригъэшъа. Теодор Рузвелт АШЗ-м и президенту щытар и Ӏыхьлыуэ хуэхъут.

Политикэм щыхэхьауэ, лэжьэн щыкӀидзар Рузвелтым 1910 гъэм, Демократ партиэм синатору щыхагъэкӀым Ниу-Йорк штатым. 1913-1921 гъэм хымкӀэ и министырым и дэӀэпыкъуэгъу мэхъур, хыдзэм ахъчэ нэхъыбэ хэлъхьаным къыдошъыр, АШЗ-м и президентым и ӀэнатӀэм пӀалъэ нэхъыбэ иӀэнми пылъ.

1921 гъэм Рузвелтыр сымаджэ мэхъур, полиомиелит къыхохьэ, абым яужым къигъэшъауэ хъуа зэманым Ӏэрызехьу щыта, изакъуэ земыкуэфу згуэрэ дэмыӀэпыкъу.

1928 гъэм Рузвелт Ниу-Йорк штатым и губернатор мэхъур. 1932 гъэм презыдент хэхыным токӀуэри хокӀыр (ӀэнатӀэм щыӀухьэр 1933 гъэм).

Социал-экономикэ програмэ Рузвелтым иригъэжьам, цӀэуэ траӀуам "Гъогу щӀэ" (ин-бз. New Deal), зыпылътэр джылэ лэжьыгъэ зэфӀэгъувэным, къэралым пӀалъэ иӀэным экономикэм шъхьэщытыфыным, мафиэм езэуэным. Япэреуэ и президентыгъуэм реформэ бжыгъэ хуэныкъуэгъуэхэм шъхьэкӀэ иригъэкӀуэкӀа, абыхэм ящыщ: банкхэм я системэр, уасэтыным я реформэр, пэмыкӀ бжыгъи. Къэрал гъунапкъэм пэщыл политикэмкӀэ япэреуэ зияуж ихьар Рузвелтыр РССЗ-р къэлъытэным къэрал джоуэ, ар къыщыхъуар 1933 гъэм.

Реформэхэр узыншу зэрекӀуэкӀам шъхьэкӀэ Рузвелтыр етӀуану хокӀыф президенту 1936 гъэм. 1930-хэм АШЗ-м парими и лъэныкъуэ къиштэкъым къэралым и гъунапкъэм пэщыл политикэмкӀэ, 1939 гъм, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр кӀидза яуж эмбаргор Ӏуэхри Ӏэшэр ещэным шъхьэкӀэ къэрал-зэгуэтхэм.

1940 гъэм ЕДЗ-м и пэм, Рузвелтыр ещанэрейэ хокӀыр президенту. 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м, япон уэгузауэдзэр Перл Харборым теуа яуж, АШЗ-р ЕДЗ-м хохьэ къэрал-зэгуэтхэм я лъэныкъуэр къиштауэ. 1942 гъэм шӀычылэм и 1-м Уашингтоным тхылъ кӀатхэ Лъэпкъ Зэгъуэтхэм яр, дунейпсо-палъэ къэлъытэгъуэр дэкӀыгъу абым.

1944 гъэм Рузвелтыр еплӀану хахыр президенту. И лъэжьыгъэ куэд хэлъ Кърым зэхуэсым 1945 гъэм екӀуэкӀам.

1945 гъэм, мылыжъыхьым и 12-м Рузвелтыр дунем ехыжьа. Рузвелтым и пӀэм иувар Гарри Трумэн.

Гулъытэгъу щыэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Франклин Делано Рузвелтыр - АШЗ-м и тхыдэм изакъуэ плӀэуэ хаха президентыр.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]