Jump to content

ТхьэлӀыкӀуэ Мыхьэмэд

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Мыхьэмэд Пэгъумбар къызыхэкӀар)
Мыхьэмэд бин Абдуллахь
Сурэт
"Мыхьэмэд, Тхьэм и лӀыкӀуэ."
Къыщыхъуар: 571 мэлыжьыхьым и 20[1][2][3]
Дунейм щехыжар: 632 мэкъуауэгъуэм и 8 (61 гъ.)
Къэрал зыщыщтэр: Хьэрыпые (Мэччэ, Мэдинэ)
Диныр: Ислъам
Лъэпкъыр: Хьэрып (Къурэйш)
ӀэпэкӀэдзыр:
Мыхьэмэд бин Абдуллахь Уикисурэтылъэм

ТхьэлӀыкӀуэ Мыхьэмэд (хьэр-бз. مُحَمَّد) — Хьэрып дин пащэ, социал-реформист, дзэпщ, политикист. Мыслъымэнхэм я фӏэщ мэхъу Тхьэм тхьэлӀыкӀуэ (бегъымбар) куэд, псалъэм папщӏэ, Ибрэхьим, Хьисэ, Мыхьэмэд, къигъэкӏуауэ цӏыхухэм гъуэгу захуэ ирагъэлъагъун икӏи хабзэ тэмэм ирагъэщӏэн папщӏэ. Ислъамым деж Мыхьэмэдыр иужьрей бегъымбару ялъытэ.[4] Къурӏэныр мыслъымэнхэм я тхылъ лъапӏэщ.[5] Мыслъымэнхэм я фӏэщ мэхъу Къурӏэныр бегъымбар Мыхьэмэд мелыӏыч Джэбрэил къыхуихьауэ. Мыслъымэнхэм хабзэу яӀэщ бегъымбар Мыхьэмэд и цӀэр къыщраӀуэкӀэ "саллаллахьу алэйхьи уэ сэллэм" жаӀэу.

Бегъымбар Мыхьэмэд 570 гъэм Мэччэ къалэм къыщалъхуащ. И анэ Аминэ дунейм ехыжащ ар илъэсих щыхъум. Абы и ужькӏэ, и адэшхуэ Ӏэбдул-Мутӏэлиб хуэсакъащ, ауэ ари дунейм ехыжащ. Ӏэбдул-Мутӏэлиб и ужькӏэ, Мыхьэмэд и адэ къуэш Абу Тӏэлиб Мыхьэмэд хуэсакъащ.[6]

Щӏалэ цӏыкӏуу, Мыхьэмэд и адэ къуэшым и гъусэу сату гъуэгуанэхэм тетащ. Ар хьэрыпхэм я тхьэ куэд зиӏэ диным арэзы техъуэртэкъым икӏи зы Тхьэ закъуэм и фӏэщ хъурт. Абы къыщынэмыщӏауэ, хьэрыпхэм я хабзэ гуэрхэр, псалъэм папщӏэ хъыджэбз цӏыкӏухэр яукӏыныр, емыкӏушхуэу икӏи къыкӏэрыхуауэ къилъытэрт. Абы куэдрэ Хьирэ Бгым дэкӏырт, езыр-езыру гупсысэну. 610 гъэм, илъэс плӏыщӏым иту, медитацэ щищӏым, абы Джэбрэил ӏущӏащ икӏи КъурӀэным и япэ Іэятхэр къыхуехащ:

"Къеджэ, уи Тхьэу псори къэзыгъэщIам, цIыхур ткIуэпс пцIам къыхэзыгъэщIыкIам и цIэкIэ къэубли! Къеджэ! Уи Тхьэр я нэхъ такIуэщ, Аращ цIыхур къэлэмкIэ тхэуэ езыгъэсар, цIыхум имыщIэри езыгъэщIар."[7]

Мыхьэмэд и унэм игъэзэжри и щхьэгъусэ Хъэдиджэ къыжриӏэжащ къэхъуар.[6] Япэ щӏыкӏэ, Мыхьэмэд КъурӀэныр и унагъуэмрэ и ныбжьэгъу гъунэгъухэмрэ яхуиӏуэтэжу щытащ. Ауэ зэман дэкӏри, абы цӏыхубэм яхэту жиӏащ езыр Тхьэм и лӏыкӏуэу. Мыхьэмэд жиӏэрт цӏыхухэм ягу иримыхь Ӏуэху куэд, псалъэм папщӏэ: "Зы Тхьэ закъуэщ щыӏэр", "Бзылъхугъэхэми яӏэщ хуитыныгъэ", "ПщылӀхэри цӏыхущ". Мэччэ дэс цӏыху куэдым ягу ирихьыртэкъым Мыхьэмэд жиӏэхэр. Ауэ щыӏэт абы и уазхэм едаӏуэу, и псалъэхэм едэӏу цӏыхухэри. Мы цӏыхухэрат япэ дыдэу мыслъымэн хъуахэр. Мэччэ къалэ и пашэхэм мыслъымэн хъуахэр яукӏырт, ягъэпщылӏырт, Мыхьэмэд и псалъэхэр ямыгъэбэгъуэн щхьэкӏэ, ауэ ахэр къехъулӏакъым.

Мыхьэмэд ирагъэблэгъащ Мэдинэ, Хьэрып щӏыналъэм хыхьэ нэгъуэщӏ зы къалэм. Абы мурад ищӏащ абы кӏуэну, нэхъ шынагъуэншэти. Мэдинэ дэсхэр мыслъымэн хъуащ икӏи Мыхьэмэд я унафэщӏу къащтащ. Мэччэ и пашэхэм унафэ ящӏащ Мыхьэмэд яукӏыну, Мэдинэри зэтракъутэну, абы къыхэкӏыу дзэшхуэ зэхуашэсащ Мэдинэ техьэну. Зауэ куэд екӏуэкӏащ Мэдинэ мыслъымэнхэмрэ Мэччэ мушрикхэмрэ я зэхуаку, икӏэм-икӏэжым мыслъымэнхэр текӏуащ икӏи Хьэрып щӏыналъэм ис псори мыслъымэн хъуащ. Мыхьэмэд тхыгъэхэр иригъэхьащ дуней псом и унафэщӏхэм, псалъэм папщӏэ, Ромэ Императорым, Перс Пащтыхьым, Эфиопиэм и Пщышхуэм. Эфиопиэм и Пщышхуэм къищтащ Мыхьэмэд и ислъам ирихьэлӏэныр икӏи мыслъымэн хъуащ.

Мыхьэмэджиӏащ езыр дунейм ехыжа нэужь ислъамыр дуней псом зэрыщызэлъыӀэсэнур. Ар 632 гъэм дунейм ехыжащ. И лӏэгъуэм, иужьрей уазыр итащ икӏи жиӏащ мыгувэу зэрылӏэнур. Ар дунейм ехыжа нэужь, ислъамыр псынщӏэу дуней псом щызэлъащӏысащ, псом хуэмыдэу Африкэм, Азиемрэ Европэмрэ. Ислъамыр дуней псом щынэхъ псынщӏэу зызыубгъу динщ.

  1. الذهبي ش. ا. سير أعلام النبلاء — 1 — بيروت: مؤسسة الرسالة, 1985. — Т. سيرة 1. — С. 36.
  2. المباركفوري ص. ا. الرحيق المختوم — 1976. — С. 588. — ISBN 978-1-59144-070-3
  3. الدمشقي ا. ك. البداية والنهاية, Al-Bidāyah wa-al-nihāyahالقاهرة: هجر للطباعة والنشر والتوزيع والإعلان, 1997. — Т. 3. — С. 377.
  4. Muhammad Mustafa Al-A'zami (2003), The History of The Qur'anic Text: From Revelation to Compilation: A Comparative Study with the Old and New Testaments, ss. 26–27. UK Islamic Academy. ISBN 978-1872531656.
  5. Nasr, Seyyed Hossein (2007). "Qur'an". Encyclopædia Britannica Online.
  6. 6.0 6.1 Lings, Martin. Muhammad, his life based on the earliest sources.
  7. Къурӏан 96:1-5