Гъаф
Гъаф | ||||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||||
Aquila pomarina Brehm, 1831 | ||||||||||||||
И щӀыпӀэр | ||||||||||||||
УдзыфэнэхукӀэ-гъэмахуэм бгъуэ здишъыр, шхъуантӀэ-шӀымахуэм здэкуэчыр, удзыфэкӀыф-илъэспсом здэпсоу | ||||||||||||||
|
Гъаф (лат-бз.: Aquila pomarina, ур-бз.: Малый подорлик) — къуэкӀыпӀэ еуропэм щыпсоу бзу-шъакӀуэ инхэм ящыщ.
Аплъэпкъыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Ицхэр гъуабджу щыт, шъхьамрэ кӀыбымрэ нэхъ кӀыф хъууэ. КӀапэмрэ, дамэмрэ ицыхэр гъуабджэ-нэху щытхэ. Идэмашъхьахэм цыхужьхэр хэлъу ирокӀуэ.
КӀапэр кӀэкӀыу щыт, хуэхъуреуэ.
Бзыхэр нэхъ ин хъухэм нэхърэ, яфэмкӀэ зэхуэду щытхэ.
Хъухэм яхьэлъагъыр кг. 1,5 — 2,0 мэхъу, бзыхэм кг. 1,7 — 3,0; якӀыхьагъыр см. 59—67; хъум идамэм икӀыхьагъыр см 45—50 мэхъу; бзым см. 47—53; зэгуэхауэ ябгъуагъыр см. 134—160 мэхъур.
Жыг зэхуакухэм — псынкӀыу, джану мэлъатэ; губгъуэм — хому, занкӀыу, дамэхэмкӀэ ину дэмыуэуэ.
Здэпсохэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Еуропэм икъуэкӀыпэ лъэныкъуэмрэ, ипшъэ-къуэкӀыпэмрэ (Урысейм къуэхьапӀэ лъэныкъуэмрэ, Къаукъазымрэ) губгуэхэм, мэзхэм нэхъ кӀасу псыпцӀэ мэзхэм ядекӀэ щопсоу. Азиэ цӀыкӀум, Индиэм джоуэ. ШӀымахуэкӀэ Африкэм ипшъэ, ипшъэ-къуэкӀыпэмрэ лъэныкъуэм мэкуэчыр.
Зэрыпсохэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Губгъуэхэм, мэз-губгъуэхэм, ипшъэ-къушъхьа лъэныкъуэхэм мы мэзышхуу лъэныкъуэ къыхах, губгъуэхэм нэхъ ягунэгъу.
Бгъуэхэр жыгышъхьахэм трашъыхь, куэдым пкъызэгуэкӀыпӀэ зэхуакум идежь иэ лъэныкъуэ-къудамэшхуэхэм м. 7-17 лъэгагъу. Езы бгъуэр къудамэ гъумхэмкӀэ зэтралъхьа, икӀуэцӀым пхъафэ, къудамэ псыгъуэ, тхьампэ, удз ираубгъу. Бгъуэм ибгъуагъыр см. 50—110; лъэгагъыр см. 30—80; кӀуэцӀ лъэныкъуэм икууагъыр см. 4-5. ДжэдыкӀыу ирилъхьар 1-2.