Jump to content

АӀуей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
АӀуей
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Magnoliophyta
ХэкӀ: Magnoliopsida
ХэкӀыгъуэ: Ericales
Лъэпкъ: Ericaceae
Лъэпкъыгъуэ: АӀуейгъурцхэр
ЛӀэужъыгъуэ: АӀуей
Латин цӀэр
Rhododendron luteum
Sweet


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 894528
NCBI 49467

АӀуей (лат-бз. Rhododendron luteum) — гъурц лъэпкъыгъуэщ, илъэс бжыгъэкӀэ къэкӀ.

И лъэгагъыр м 2-м нос. Гъатхэм кӀасэу, тхьэмпэхэр къимыщӀ щӀыкӀэ, гъэгъа гъуэж инхэр гъурц щхьэкӀэм, къудамэхэм къапедзэ. И тхьэмпэхэм кӀы кӀэщӀ яӀэщ, хъурей-кӀыхьщ, см 5 я кӀыхьагъщ, см 2-3 я бгъуагъщ.

Къущхьэхэм деж: мэкъупӀэхэм, хъупӀэхэм, мэз лъапэхэм гуэрэнышхуэу къыщокӀ.

АӀуейм щхъуэхь хэлъщи, Ӏэщым яӀухуэ хъуркъым, бжьэхэм абы къыхаха фоми щхъуэхь хэлъщ. АӀуей зыхэлъ мэкъур Ӏэщым яшхыркъым. Гъэгъахэм, уи щхьэр ягъэузу, мэ къакӀэрех. Адыгэхэм абы и лъабжьэр гын/хущхъуэ щащӀкӀэ къагъэщхьэпу щытащ.


Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Элбрус». Налшыч 1992 гъ.