Андэгурэ
Андэгурэ | ||||||||||||
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
Латин цӀэр | ||||||||||||
Bunias orientalis Linnaeus | ||||||||||||
|
Андэгурэ (лат-бз. Bunias orientalis) — гъитӀкӀэ е нэхъыбэкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Сантиметрэ 80-100-м нэсыхукӀэ докӀей, и пкъым и щхьэкӀэм мэкъуауэгъуэм гъэгъа гъуэжьхэр, Ӏэраму зэхэту, къыпедзэ. И лъабжьэ гъумыр куууэ йокӀых. ИщӀагъкӀэ щӀэт тхьэмпэхэр инщ, кӀыхьщ, лэдэх яӀэщ, ищхьэкӀэ тетхэр нэхъ цӀыкӀущ. И жылэхэр гъэмахуэкӀэм, бжьыхьэм мэхъу, я теплъэкӀэ хъурей цӀыкӀухэщ, я фэкӀэ гъуабжэщ е фӀыцӀэщ.
КъыздэкӀыр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Губгъуэхэм, мэкъупӀэхэм, мэз лъапэхэм, хуейхэм, бгыщхьэхэм къыщокӀ.
Къэгъэщхьэпэгъуэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Андэгурэпкъыр, гъэгъахэр къыпимыдзэ щӀыкӀэ, адыгэхэм, абазэхэм, къэрэшейхэм, балъкъэрхэм яукъэбзурэ яшх, коротин, витамин зэмылӀэужьыгъуэхэр хэлъщ. Адыгэхэм андэгурэпкъыр хущхъуэу, маркуэхэр ирагъэкӀуэду, къагъэщхьэпэ.
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ КъэкӀыгъэщӀэныгъэмкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Тхылъхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хьэкъун Б. Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. ТхылътедзапӀэ «Эльбрус». Налшыч 1992 гъ.