Шъхьарыхъуэн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Шъхьарыхъуэныр (Башлыкъ, урбз. Башлык) — пыӀами хуэду ягъэлъапӀэт. ЗекӀуэм зэрахьат, джэгум зэрахьат. ЗекӀуэм зэрахьар упӀкӀэ пӀакӀэмкӀэ иэ шэкӀымкӀэ ядт. Игъуапэхэр кӀыхьу ишъхьакӀуэцӀыр кууэ дауэ. ШъхьакӀуэцӀым и гъунэ зэхуакум де шыкъу иэ чышъэ пашъэт, кӀыхьу, хьалъу щъауэ, пыӀам щытралъхьакӀэ икӀэр иричэхыным хуэду, ихъуреягъыр уагъэкӀэ къырадыхьт, игъуапэхэр къыздыкӀыидзэм де лэрыпс идауэ, шыкъу ирижэ тесу, пшъэм иде зэригъэубыдыну. Апхуэдэ шъхьарыхъуэнхэр фӀыцӀу, гъуабджу, хужьу ядт. ШэкӀы пӀакӀэмкӀы ядт шъхьарыхъуэнхэр, нэхъ шэкӀы лъапӀэхэм, нэхъ гъэпсауэ щыту. Дыщъэ идэ хэлъуи щытт апхуэдэм якуэдым, игъунэхэр дышъэ иэ дыжьын шъагъэкӀэ къидыхьауэ, шыкъухэмрэ чышъэхэмрэ дышъэрэ, данэ уданэкӀэ зэхэлъу шъауэ.

Last edited 6 years ago by YiFeiBot