Хытхьарыкъуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Хытхьэрыкъуэхэр
Хытхьарыкъуэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
ХэкӀ: Бзухэр
ХэкӀыгъуэ: Charadriiformes
Лъэпкъ: Хытхьэрыкъуэхэр
Латин цӀэр
Laridae


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176802
NCBI 8910

Хы Тхьарыкъуэ, Хы тхьарыкъуэ (лат-бз.: Laridae, ур-бзэ: Чайка) — бзу, хы Ӏуфэхэм, псы Ӏуфэхэм щыпсоу. ЛъэпӀкъ 60 зэшъхьащокӀхэ.

АплъэпӀкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хы тхьарыкъуэм я нэхъыбэкӀэ лъэпӀкъу хъуари зэхьчхэ. Я пкъыр иныфӀу щыт, дамэ къуанчэ-кӀыхьху, пэ кӀыхь, быду, икӀэр тӀэкӀу егъэзыхауэ щыту, я лъэхъуамбэзэхуакухэр фэкӀэ зэгуэту ерсыным шъхьакӀэ.

Я инагъхэр см 25 - 81 носыр, я хьалагъыр г 100 - 2 кг носыр. ЛъэпӀкъым я нэхъ цӀыкӀур Larus minutus - ихьалъагъыр 100-150 г фӀэкӀкъым, нэхъ иныр Larus marinus - ихьалъагъыр км 2 фӀокӀыр. Нэхъыбэм я фэр хужьу иэ псыфэху щыт, шъхьашыгумрэ дамэхэмрэ фӀыцӀэ хэлъу. ИкӀыфэ-кӀагъымрэ кӀыфэшъхьамрэ зэшъхьащокӀыр, ишъхьамкӀэ нэхъ къуафӀцӀу щыт, кӀыфэ-кӀагъыр нэхъ хууэ. Псэушъхьа Ӏазэхэм зэрагугъэкӀэ ар бжъэжъейхэм къамышъэн шхьакӀэ бзур щышъакӀуэм идей.

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Дуней псом ишӀыпӀу хъуам хы тхьарыкъуэхэр щопсохэ. ЦӀыхур хэресамкӀэ, игугъэмкӀэ хы Ӏуфэм Ӏусхэ, ауэ бжыгъэ гупсэр къалэхэм дэтӀысхьахэ: свалкэхэм, скотобойняхэм, губгъуэхэм щопсоухэ Ӏус лъыхъу цӀыхум игъунэгъу. Апхуэду псынкӀыу цӀыхум игъунэгъу Ӏус зэригъуэтыфым шъхькӀэ хы тхьарыкъуэхэр бжъыгъэкӀэ нэхъыбэ хъуа дунейм. Ишъхъэрэ хым 30%, пэмыкӀы лъэныкъуэхэм 70% носыр бзухэм я Ӏусыр, бжъэжъей йэшъэ кхъухьхэм къалеяуэ яшхыр.