Тэймырэ (псы)
Тэймырэ урбз. Таймыра | |
---|---|
КӀыхьагъыр: | 187 км |
Псыхъуэм и инагъыр: | 124. 000 км² |
Псыуэ ихьыр: | 1.220 |
КъызхэкӀыр: | Бырангэ |
И пэр: | Тэймырэ хыжьэ |
Хэкур: | Урысей |
Хэку къедзыгъуэхэр: | Красноярск край |
ГВР: | 17030000112116100139625 |
Тэймырэ - Красноярск крайм и ищхъэрэм дэт Тэймыр хытӀыгум ирижэ бэрдакъ (хуэму жэ псы ин). ИкӀыхьагъыр км 840 мэхъу, басейным км² 124 000 щӀыуэ еубыд. Псыр Тэймыр псыитым тӀууэ еугуэш: Тэймырэ ипщэ'рэ Тэймырэ ищхъэрэ'мрэ.
Тэймырэ Ипщэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тэймырэ ипщэр Быррангэбгхэм къэщыщӀедзэри км 567-кӀэ зиӀуатӀэурэ Тэймыр псыитым холъадэ.
Хэлъадэ псыхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ИжьымкӀэ - Аятари, Луктах, Горбита, Логата; СэмэгумкӀэ - Кыйда, Дептумала, Фадьюкуда, Большая Боотанкага.
Къызэрагъэунэхуа
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тэймырэ ищхъэрэм и агъур (хэхуэжыпӀэр) къыхуэмыгъуэтыу щылъыхъуэм Урыс ипщэ полюс экспедицием хэт Кэлэмейцев Н.Н.-м псыр игъэунэхуауэщытащ. ЯпэщӀыкӀэ псым Кэлэмейцев ицӀэр иратауэщытащ[1].
Тэймырэ Ищхъэрэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хэкумэтх
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Тэймыр псыитым къыхэжыу км 187-кӀэ къуэхьэпӀэ-ищхъэрэмкӀэ жэурэ Карэ Хым холъадэ. Псыхъуэм и гъуэгум тетщ Энгельгардт Псыит. ХэхуэжыпӀэм Карэ Хым и Тэймыр Хыжьэ еухуэ. Тэймырэ Ищхъэрэм и басейным хохьэ цӀэ гъэщӀэгъуэн зезыхьэ псыхэр Мамэнтыпс, Сэмэгу Мамэнтыпс, Мамэнт псыит.
Къызэрагъэунэхуа
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]1737-1742 гъэхэм Ипщэ Экспедициешхуэм щыгъуэ ягъэунэхуауэщытащ. XIX-э лӀэщӀыгъуэм Бытырбыху ЩӀэныгъуэшхуэ Акэдемием и экспедицием хэту Мейендорфым псыӀум щыщӀэдзауэ агъум нэс къикӀухьащ, бэрдакъым и тхыдэри, и дуней зэхэтыкӀэри нэхъ иригъэкъуащ, икъукӀэ тепсалъыхьащ. Уахътэ зыкӀэлъыпытым бэрдакъым иӀуэху зэрахуэу щытахэщ Лаптев Хэритон Прэкофьевич, Никифэр Фэмин, Челюскин Семён Иванэвич, Урванцев Никэлай Никэлаевич.
Хэлъадэ псыхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Траутфеттер (ижьымкӀэ), Шренк (сэмэгумкӀэ).
Псыкъэщ (Гидрэлогие)
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ИнахъыбапӀэм псыр хэзыгъахъуэр уэсыпсщ (ткӀупсщ). ФокӀадэм икум щыщӀэдзауэ Мэкъуауэгъуэ хъуху бэрдакъым игущӀыӀур мылым иӀыгъщ. ЩӀымахуэм хым хэлъадэ псыр %8 нэхъыбэ хъукъым. Илъэсым курыту псыуэ хым хэлъадэр с/м³ 1220.
Дуней
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Псым хэсщ омул, муксун, нельмэ, ряпушкэ, арктикэ гэлец.
Факт гъэщӀэгъуэнхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Илъэс 1948-м Шренкыпс ипэмэжыжьэу Мамэнт бацэм и ахъий, фэтӀэкӀурэ лытӀэкӀурэ нэгъунэ къыхуэнауэ къагъуэтауэщытащ[2].