ТхьэлӀыкӀуэ Мыхьэмэд
Мыхьэмэд бин Абдуллахь | |
"Мыхьэмэд, Тхьэм и лӀыкӀуэ." | |
Къыщыхъуар: | 571 мэлыжьыхьым и 20[1][2][3] |
Дунейм щехыжар: | 632 мэкъуауэгъуэм и 8 (61 гъ.) |
Къэрал зыщыщтэр: | Хьэрыпые (Мэччэ, Мэдинэ) |
Диныр: | Ислъам |
Лъэпкъыр: | Хьэрып (Къурэйш) |
ӀэпэкӀэдзыр: | |
Мыхьэмэд бин Абдуллахь Уикисурэтылъэм |
ТхьэлӀыкӀуэ Мыхьэмэд (хьэр-бз. مُحَمَّد) — Хьэрып дин пащэ, социал-реформист, дзэпщ, политикист. Мыслъымэнхэм я фӏэщ мэхъу Тхьэм тхьэлӀыкӀуэ (бегъымбар) куэд, псалъэм папщӏэ, Ибрэхьим, Хьисэ, Мыхьэмэд, къигъэкӏуауэ цӏыхухэм гъуэгу захуэ ирагъэлъагъун икӏи хабзэ тэмэм ирагъэщӏэн папщӏэ. Ислъамым деж Мыхьэмэдыр иужьрей бегъымбару ялъытэ.[4] Къурӏэныр мыслъымэнхэм я тхылъ лъапӏэщ.[5] Мыслъымэнхэм я фӏэщ мэхъу Къурӏэныр бегъымбар Мыхьэмэд мелыӏыч Джэбрэил къыхуихьауэ. Мыслъымэнхэм хабзэу яӀэщ бегъымбар Мыхьэмэд и цӀэр къыщраӀуэкӀэ "саллаллахьу алэйхьи уэ сэллэм" жаӀэу.
Биографие
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Бегъымбар Мыхьэмэд 570 гъэм Мэччэ къалэм къыщалъхуащ. И анэ Аминэ дунейм ехыжащ ар илъэсих щыхъум. Абы и ужькӏэ, и адэшхуэ Ӏэбдул-Мутӏэлиб хуэсакъащ, ауэ ари дунейм ехыжащ. Ӏэбдул-Мутӏэлиб и ужькӏэ, Мыхьэмэд и адэ къуэш Абу Тӏэлиб Мыхьэмэд хуэсакъащ.[6]
Щӏалэ цӏыкӏуу, Мыхьэмэд и адэ къуэшым и гъусэу сату гъуэгуанэхэм тетащ. Ар хьэрыпхэм я тхьэ куэд зиӏэ диным арэзы техъуэртэкъым икӏи зы Тхьэ закъуэм и фӏэщ хъурт. Абы къыщынэмыщӏауэ, хьэрыпхэм я хабзэ гуэрхэр, псалъэм папщӏэ хъыджэбз цӏыкӏухэр яукӏыныр, емыкӏушхуэу икӏи къыкӏэрыхуауэ къилъытэрт. Абы куэдрэ Хьирэ Бгым дэкӏырт, езыр-езыру гупсысэну. 610 гъэм, илъэс плӏыщӏым иту, медитацэ щищӏым, абы Джэбрэил ӏущӏащ икӏи КъурӀэным и япэ Іэятхэр къыхуехащ:
"Къеджэ, уи Тхьэу псори къэзыгъэщIам, цIыхур ткIуэпс пцIам къыхэзыгъэщIыкIам и цIэкIэ къэубли! Къеджэ! Уи Тхьэр я нэхъ такIуэщ, Аращ цIыхур къэлэмкIэ тхэуэ езыгъэсар, цIыхум имыщIэри езыгъэщIар."[7]
Мыхьэмэд и унэм игъэзэжри и щхьэгъусэ Хъэдиджэ къыжриӏэжащ къэхъуар.[6] Япэ щӏыкӏэ, Мыхьэмэд КъурӀэныр и унагъуэмрэ и ныбжьэгъу гъунэгъухэмрэ яхуиӏуэтэжу щытащ. Ауэ зэман дэкӏри, абы цӏыхубэм яхэту жиӏащ езыр Тхьэм и лӏыкӏуэу. Мыхьэмэд жиӏэрт цӏыхухэм ягу иримыхь Ӏуэху куэд, псалъэм папщӏэ: "Зы Тхьэ закъуэщ щыӏэр", "Бзылъхугъэхэми яӏэщ хуитыныгъэ", "ПщылӀхэри цӏыхущ". Мэччэ дэс цӏыху куэдым ягу ирихьыртэкъым Мыхьэмэд жиӏэхэр. Ауэ щыӏэт абы и уазхэм едаӏуэу, и псалъэхэм едэӏу цӏыхухэри. Мы цӏыхухэрат япэ дыдэу мыслъымэн хъуахэр. Мэччэ къалэ и пашэхэм мыслъымэн хъуахэр яукӏырт, ягъэпщылӏырт, Мыхьэмэд и псалъэхэр ямыгъэбэгъуэн щхьэкӏэ, ауэ ахэр къехъулӏакъым.
Мыхьэмэд ирагъэблэгъащ Мэдинэ, Хьэрып щӏыналъэм хыхьэ нэгъуэщӏ зы къалэм. Абы мурад ищӏащ абы кӏуэну, нэхъ шынагъуэншэти. Мэдинэ дэсхэр мыслъымэн хъуащ икӏи Мыхьэмэд я унафэщӏу къащтащ. Мэччэ и пашэхэм унафэ ящӏащ Мыхьэмэд яукӏыну, Мэдинэри зэтракъутэну, абы къыхэкӏыу дзэшхуэ зэхуашэсащ Мэдинэ техьэну. Зауэ куэд екӏуэкӏащ Мэдинэ мыслъымэнхэмрэ Мэччэ мушрикхэмрэ я зэхуаку, икӏэм-икӏэжым мыслъымэнхэр текӏуащ икӏи Хьэрып щӏыналъэм ис псори мыслъымэн хъуащ. Мыхьэмэд тхыгъэхэр иригъэхьащ дуней псом и унафэщӏхэм, псалъэм папщӏэ, Ромэ Императорым, Перс Пащтыхьым, Эфиопиэм и Пщышхуэм. Эфиопиэм и Пщышхуэм къищтащ Мыхьэмэд и ислъам ирихьэлӏэныр икӏи мыслъымэн хъуащ.
Мыхьэмэджиӏащ езыр дунейм ехыжа нэужь ислъамыр дуней псом зэрыщызэлъыӀэсэнур. Ар 632 гъэм дунейм ехыжащ. И лӏэгъуэм, иужьрей уазыр итащ икӏи жиӏащ мыгувэу зэрылӏэнур. Ар дунейм ехыжа нэужь, ислъамыр псынщӏэу дуней псом щызэлъащӏысащ, псом хуэмыдэу Африкэм, Азиемрэ Европэмрэ. Ислъамыр дуней псом щынэхъ псынщӏэу зызыубгъу динщ.
Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ الذهبي ش. ا. سير أعلام النبلاء — 1 — بيروت: مؤسسة الرسالة, 1985. — Т. سيرة 1. — С. 36.
- ↑ المباركفوري ص. ا. الرحيق المختوم — 1976. — С. 588. — ISBN 978-1-59144-070-3
- ↑ الدمشقي ا. ك. البداية والنهاية, Al-Bidāyah wa-al-nihāyah — القاهرة: هجر للطباعة والنشر والتوزيع والإعلان, 1997. — Т. 3. — С. 377.
- ↑ Muhammad Mustafa Al-A'zami (2003), The History of The Qur'anic Text: From Revelation to Compilation: A Comparative Study with the Old and New Testaments, ss. 26–27. UK Islamic Academy. ISBN 978-1872531656.
- ↑ Nasr, Seyyed Hossein (2007). "Qur'an". Encyclopædia Britannica Online.
- ↑ 6.0 6.1 Lings, Martin. Muhammad, his life based on the earliest sources.
- ↑ Къурӏан 96:1-5