Пхъэгулъ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Пхъэгулъ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Хьэцыбанэгъагъ
Лъэпкъ: Хьэцыбанэ
Лъэпкъ къуэдзэ: КъымцӀэ
Лъэпкъыгъуэ: КъымцӀэ
ЛӀэужъыгъуэ: Пхъэгулъ
Латин цӀэр
Prunus cerasifera Ehrh.


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Пхъэгулъ (лат-бз.: Prunus cerasifera, ур-бз.: Алыча) — къыфцӀэ (къымцӀэ) Ӏарысэр къызхагъэкӀам ящыщ зы.

Сурэтыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къудамэ банэ Ӏэй бжыгъу щытхэ, жыгу иэ пабжъу къокӀхэ, къудамэхэр хуэ гъуабджэ-удзыфафу, лъэгагъкӀэ м. 3-10 мэхъухэ. Щы гъагъэкӀэхужьу иэ хуэплъыжьу щыт. Щыгъагъэр накъыгъэм ияпэрей махуэхэм. ИмэракӀуэхэр щыхъур шыщхьэӀу – фокӀадэ мазэхэм.

МэракӀуэхэр - хуэхъуреуэ щыт псы якӀэту, я фэр гъуэжьу, плъыжъу иэ къуафӀцӀу. КумкӀэхэр инкъым см 3 мэхъухэр, иныкъуэм яр хуэкӀыхьху иэ хуэпӀакӀыу щыту. КумкӀэр езы мэракӀуэм хуэду щыт ифэри - гъуэжь, плъыжь иэ къуафӀцӀэ.

Сыт хуэдэ шӀыми къокӀыфыр узыншу.

ЗдэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Мы Ӏарысу, Ӏарысуи пхъэгулъыр къушхьа лъэныкъуэхэм къокӀыр: Тян-Шаным, Балканым, Курыт Азиэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Ираным, Къаукъазым, Молдавиэм, Хуэхуэлейм.

Зы жыгым илъэсым кг 300 носыр къыпахыр мэракӀу.

ЛъэпӀкъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Геогджа
  • МэракӀуэшхуэ
  • МэракӀуэшхуэ 9-114
  • МэракӀуэшхуэ рубин
  • Кубан кометэ
  • Кутаиси
  • Никитскэ гъуэжь
  • Бэгъуа
  • Пионер
  • Пурпур
  • МыӀарысэ плъыжь
  • Риони
  • Саконсерво