Мэсей Исуп

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Мэсей Исуп (XIX ?) — джэгуакӀуэ, уэрэдус, уэрэдгъэӀу.

Мэсей Исуп щыпсэуар XIX лӀэщӀыгъуэращ. Къыщалъхуа-щылӀэжа махуэхэр нэхъ белджылыуэ къытхуэщӀакъым. Къыщалъхуар, зыдэсар, щыщӀалъхьэжар Андзорейщ (иджы – Лэсчэн-2). КъызыхэкӀар мэкъумэшыщӀэ унагъуэщ.

Адыгэбзэм нэмыщӀ, осетиныбзэрэ урысыбзэрэ ищӀэу щытащ. Апхуэдизу гушыӀэрейти, щылӀэм щыгъуи и ӀуэрыӀуэдзыныр хинатэкъым.

Иусам щыщу нобэкӀэ дызыщыгъуазэр «Жамботрэ Екъубрэ я уэрэд» закъуэрщ. А щиусар, хабзэ къекӀуэкӀым тепщӀыхьмэ, е 1859 (Екъуб щаукӀыжа гъэращ), е 1860 гъэращ (илъэс дэкӀмэ фэеплъ уэрэд ирагъэусу щытащ, гъыбзэ хузыхамылъхьамэ) – абы нэхъ гувауэ уэрэд Ӏуэху къаӀэтыжу хабзэтэкъым.


Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адыгэ уэрэдыжьхэр. Зэхуэзыхьэсыжар КъэрдэнгъущӀ Зырамыкущ. Налшыч, 1979, н. 192-194 (№31).