Jump to content

КъэкӀыгъэхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(КъэкӀыгъэ къызыхэкӀар)
КъэкӀыгъэхэр
КъэкӀыгъэхэм я зэшъхьэщыкӀыгъуэхэр
КъэкӀыгъэхэм я зэшъхьэщыкӀыгъуэхэр
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Латин цӀэр
Plantae


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

КъэкӀыгъэхэр (лат-бз.: Vegetabilia) — организм ишэгъуэ бжыгъэкӀэ зэхэтхэм ящыщ. КъэкӀыгъэхэр лӀэужъыгъэ бжыгъэкӀэ зэхокӀхэр — абыхэм ящыщ жыгхэр, пабжъэхэр, удзхэр пэмыкӀхэр.

Биологиэм а и лъэныкъуэм елэжьыр КъэкӀыгъэщӀэныгъэра.

Гупшысыгъэ къэкӀыгъэр зыцӀэр джоуэ куэдкӀэ зэшъхьэщокӀыр. Япэреуэ абым яуж ихьатэр Аристотел, къэкӀыгъэхэр псэ зыӀутхэмрэ (псэушъхьэхэмрэ) псэ зӀумытхэмрэ я зэхуакум дигъувауэ. КъэкӀыгъэхэр псоуэ, псэ зӀут хуэду игъувахэ ауэ езырезырху земыкӀуэфху (псэушъхьэхэм абыкӀэ япэщыгъэуву)[1]. Яужым бактериэхэмрэ архейхэмрэ къагъуэта, къэкӀыгъэ гурыӀуэгъуэ щэӀахэм париукӀи хэмыхуэфху. ХХ лъэхъэнэм и кум Ӏэргъэбэгухэмрэ псыудз гуэрэхэмрэ шъхьэхуит категориу къыхагъэкӀахэ, псырыжэрэ лъабжъэгъуэрэ зэрыямыӀэм шъхьэкӀэ адрей къэкӀыгъэхэм зэрыяӀэм хуэду[2].

Эволуциэ системэмрэ классификациэмрэ лъэпкъыгъуэмрэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Лъэныкъуэгъухэр, гупкӀэ зэхэгъэхьаху:

Тхыдэм я зэхэдзыгъуэр зэрекӀуэкӀар:

Линней (1735)
ЛъэпкъыгъуитӀ
Геккел (1894)
Лъэпкъыгъуищ
Копеланд (1938)
ЛъэпкъыгъуиплӀ
Уиттекер (1969)
Лъэпкъыгъуитху
Уоезе (1977)
Лъэпкъыгъуих
Уоезе (1990)
Доминионищ
Кавалие-Смит (1998)
ИмпериэитӀ
Лъэпкъыгъуибл
Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Псэушъхьэхэр Эукариэхэр Эукариэхэр Псэушъхьэхэр
Пхъыщхьэмыщхьэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр КъэкӀыгъэхэр
Протистхэр Ӏэргъэбэгухэр Ӏэргъэбэгухэр Ӏэргъэбэгухэр
Протистхэр Протистхэр Хромистахэр
Зэгъэзэхуэгъэншэ Протистхэр Протозоа
Прокариотхэр Прокариотхэр Архейхэр Архейхэр Прокариотхэр Бактериэхэр
Бактериэхэр Бактериэхэр

КъэкӀыгъэхэм я зэфӀэтыкӀэр

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КъэкӀыгъэхэм я хэшэгъуэхэм гулъытыгъу яӀэр я инагъыра (сантиметэ зтӀущым нэсу) хэшэгъуэпкъыр Ӏуву щыт, целулозэм щыщу. Гуэшыгъуэм идежь блыныр зэрзэфӀэувэр тхъурымбэ къыхэкӀымкӀэ (фрагмапластыр).

КъэкӀыгъэхэм я хэшэгъуэхэр шэкӀыу зэхохьэхэ. КъэкӀыгъэхэм я шэкӀым хэшэгъуэ зэхуакупкъ яӀэкъым, хэшэгъуэ лӀа бжыгъэ яхэт (склеренхимэмрэ пхъэмыфхэмрэ хуэдэхэр). Абыхэм пэмыкӀыу, псэушъхьэхэм зэрамыхьчыр я шэкӀыр хэшэгъуэ тип бжыгъэкӀэ зэхэтыфыну.

КъэкӀыгъэхэм я нэхъыбэхэр пкъызэщхьэщыдзауэ щыт. Тип зтӀыщ щыӀэ я пкъызэфӀэтыкӀыу: талос — абым идежь пкъыр зыуэ псоуэ щыт, зы удзыфэ тхьэмпу, тхьэмпэкъудамэ — абым идежь пкъыр гъэчсурэту щыт, тхьэмпэ тету (лъабжъэ яӀэкъым; лэцсурэтхэм я нэхъыбэхэр), лъабжъэкъудамэхэр — пкъыр гуэшыгъу зэхэбгъэкӀ щыхъунур: лъабжъэлъэнукъуэ; пкъылъэныкъуэ.

  1. University of Hamburg Department of Biology
  2. Microbiology — Helium