Дыгъэгъазэ (махуэщӀ)
Дыгъэгъазэ — адыгэхэм я япэрей махуэщӀхэм ящыщ, дыгъэгъазэм и 22 махуэм. МахуэщӀым и цӀэми хуэдэм зытеухуар дыгъэгъазэращ, жэщыр нэхъ щӀыхь дыдэу илъэсым щекӀуэкӀыр.
Дыгъэгъазэм и 22-м бжыхьэщхьэм унэ пщӀантӀэм деж Хьэмкъутей баш (къудамибл пытыу) ягъэдахэр. Къудамэ къэс шэхукӀэ щӀа уэдыгъэхэр фӀагъэтысхьэт, башым и щхьэм кхъуей плъыжыр фӀалъхьэт. Хьэблу е къуажэу махуэщӀыр ирахтэмэ Хьэмкъутей башым и хъуреягъым пхъакъуибл хаӀут.
Уэздыгъэ башым фӀэтхэр щӀэзгъанэн хуейр бзылъхугъэ нэхъ щӀалу унэм исыращ, абыжми бзылъхугъэм и напэр сыт щыгъуи къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ гъэзауэ щытын хуейщ. Бзылъхугъэ дэкӀуагъакӀэ унагъуэм имысмэ — пщащэ нэхъыщӀэ, махуэщӀыр хулъхугъэ закъуэхэм ирагъэкӀуэкӀмэ уэздыгъэхэр щӀэзгъанэр нэхъ щӀалэдыдэращ.
ЯужкӀэ тхьэмадэр хьэмкъутей башым и пащхьэ иту хъуэхъу жеӀэр
« |
Уэ Тхьэ, Тхьэшхуэ! |
» |
Яужым хьэмкъутей башыр унэм щӀахьэри Ӏэнэм щӀэротӀысхьэхэ. А жэшым ирафыр Санэ (санэху). Жэш псор мыжеуэ ирахыр, унагъуэм е ныбжэгъухэм ядэщӀыгъуу, джэгу ящӀым, уджхэм Ажыгъафэ яхэтыр.