Гуащэней
(урысхэм) Мария Темрыкъуэ и пхъу | |
Гуащэней | |
И лэжьыгъэр: | урыс пэштыхьым и фыз |
Къыщыхъуар: | 1540-е |
Къыздэхъуар: | Къэбэрдей |
Дунейм щехыжар: | 1569 фокӀадэм и 6 |
Дунейм здехыжар: | Александр и Слобода, Урысей |
Гуэщэней Идар Темрыкъуэ и пхъу (джорпкӀэхэлъхьэм яуж — Мерэм ур-бз.: Мария Темрюковна, къыщыхъуа махуэр хэшъыкӀыншэ — дунем щехыжьар 1569 фокӀадэм и 6) — урысей пэштыхьым и фыз, Иуан Бзаджэм и етӀоанэ фыз.
Гъашъэм и тхыдэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Маухэ зытӀущ текӀауэ Иуан Бзаджэм и япэрей фызыр Анастасиэр дунем ехыжьа яуж, Къаукъазым ирегъажьэ Ф. Вокшеринрэ С. Мякитинрэ адыгэ пщыпхъухэм яхигъэплъэнху.
1561 бадзэуэгъуэм и 15 Мэзкуум къэбэрдей пщыпхъу Гуащэнейр къокӀуэ, и дэлъху СолӀтӀанкъул дэкӀыгъу. ДжорпкӀэхэлъхьэм яуж Мерэм траӀуэ, Магдалинэ Мерэм и цӀэкӀэ. Нысачэр а илъэсми яшъа, шышъхьэӀум и 21, шоджнышхуэ Макарийм иригъэкӀуэкӀауэ. 1563 гъэм пэштыхьыкъуэ Василий къэлъхур, ауэ мэзитӀ текӀауэ дунем йохыжь сабир.
1569 фокӀадэм и 6 Александровскэ слободам идежь Гуэщэнейр дунем ехыжь.
Сурэтылъэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]-
Гуэщэней и Ӏэлъын
-
Гуэщэней и лагъэ
-
НалщӀэч дэт и сын
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |