Jump to content

Ашока

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Ашока
अशोक
Ашока
Мауриэхэм я ещэнэрей император
273 гъ. ди лъ. я. — 232 гъ. ди лъ. я.
Япэ итар: Биндусара
Яуж ихьэр: къэралыр хэкӀуэда
 
Адэр: Биндусара
Анэр: Субхадранги

Ашока́шхуэ (санскр. अशोक «уз-(хэмыту)-ыншу къэхъуар») — Мауриэхэм я пэштыхь, 273 гъ. ди лъ. я. щыкӀэдзауэ 232 гъ. ди лъ. я. нэс. ЗекӀуэ бжыгъэ зэфӀигъэкӀа яуж Ашокэм Ипшъэ Азиэм и нэхъыбаӀор иубыдауэ щыта иджырей Афганистэным къыщыкӀэдзауэ Бенгалымрэ нэгъунэ, ипшъэмкӀэ Майсурым нэс. Буддэдиныр цӀыхум яхилъхьэну зэрпылъамкӀэ цӀэрыӀуэ хъуа тхыдэм.

Ашокар Чандрагуптам и къуэрылъху щыта, и адэр Биндусара, и анэ Субхадрангир факъырэ брамин Чампаканагар и пхъут. Хъыбарыжъым къызэриӀохумкӀэ и адэм кӀыдигъэкӀуатэр и пхъур пкӀыхь илъэгъуа яуж и пхъурылъхур цӀэрыӀуэ пэштыхь хъуну. Адрей и къуэшхэм елъытамэ Ашокэм пӀалъэшхуэ иӀэтэкъым ӀэнатӀэпӀашъхьэм ихьэну, адрей и къуэш мылъхуанэхэмкӀэ иӀэхэм, абыхэм пэмыкӀыуи къуэш нэхъыжъ иӀэт и анэм къилъхуауэ.

Ashoka Empire

И сэбиигъуэм Ашокэ джану щыта, гъэдэӀуэныр гугъу. Зы закъу гупшысэгъу иӀэр и псэр хущылъу шъакӀуэныра, яужым шъакӀуэ бэлъыхь хъуа.

Пщыкъу хъуам я зы къыхэкӀакъым Ашокэ и лъыгъэм пэлъэшын, зекӀуэхэр фӀыуэ зылъагъун, ӀэнатӀэгъуэ зехьэнымкӀэ, абым шъхьэкӀэ пэштыхьей тхьэмадэхэри джылэри Ашокэм хэлъхэр ялъагъу фӀыуэ хущытхэт. Биндусарам гу лъитат и къуэм ӀэнатӀэгъуэр зэрзэрихьэфри и кӀэлэгъуэм емылъытауэ Анванти и тхьэмаду тригъува.

Авантим дежь Ашокэ пэштыхь бэлыхьу тета. Фыз къича, Шакия Кумари - къуэлей унагъуэм щыщу, къуитӀ яужым къыхуилъхуа.

Таксилам и джылэм зыкъыщаӀэтым Магадхам и ӀэнатӀэгъуэр къамыду Биндусарам Ашока егъакӀуэ игъэбэяунэху (и къуэ нэхъыжъ Сусемэм апхуэдэр хузэфӀэкӀакъым). Ашокэм дзэшхуэ дэмыкӀыгъуами, къалэм бгъэдыхьэри къыхъурейхьа, яужми иубыда.

Абым яуж тхьэмадэ-хасэм къагурыӀуа Сусемэр Биндусарам и къуэ нэхъыжъми, пэштыхь хъумэ къэралым и ӀэнатӀэр зэримыӀыгъыфынур, зыкъэӀэтыгъуэхэр зым-зыр яуж иту зэрекӀуэкӀынухэр, къэралри зэрхэкӀуэдэнур. Абым шъхьэкӀэ тхьэмадэхэм Ашокэм къыхуаӀохур и адэм и псэр зэрхэкӀыр, гузаву къызэркӀуэн хуэр. Биндусарар 272 гъ. ди лъ. я. дунем ехыжьа, тхьэмадэгъуэ хасэм Ашокэр и пӀэм трагъува, Магадхам и пэштыхь хуэду.

Илъэсий текӀауэ пэштыхь хъуа яуж, Ашокэм зауэ ирет Калинга къэралым. Езым и империэр нэхъ лъэш ишъыным шъхьэкӀэ, щэхуэнымрэ стратегиэмрэ епхауэ апхуэдэ унафэ ешъыр. Тхыдэм я зауэр хьэлъу хэхьэ, езы Акока къызэриӀохумкӀэ Ӏэрубыд цӀыху ишъар мин 150, хэкӀуэдахэр мин 100 фӀокӀыр.

Хъыбарыжъым къызэриӀуатэмкӀэ Ашокэ къыщилъагъум цӀыху хэкӀуэдауэ хъуар а зауэм и лажьэм къыхэкӀар, буддэдиныр къишта. Яужым Ашока тхьэлъэӀум шъхьэкӀэ укӀын егъэкӀуэкӀыгъэхэр триубыда, пщылӀ лэжьыгъэхэри апхуэду триубыда. Псэушъхьэ хъумэным кӀэтхэм я тхылъ итха, джэгум шъхьэкӀэ шъакӀуэныр имыду хъуа, мыхьэнэншэ мэз ихынри апхуэдэ къабзу. Къэрал псом Ашокэ цӀыхухэм я хэныкъуэгъуэ унэхэр ишът: университетхэр, узэщхэр, хьэкӀэщхэр, ирригациэмкӀэ теухуа лэжьыгъэхэр. Абым пэмыкӀыу, зэр индиэпсом и гъогухэр къигъэкӀэрыкӀыжьахэ.

Хъыбархэм къызраӀохумкӀэ Ашока и тетыгъуэм и кӀэм буддэдин шоджэнхэм шъыхьышхуэхэр яритт, къэрал мылъкур абхуэду иухауэ. И къуэрылъху Сампадим ар къыщишъэм, Ашокэ буддэныгъэм тыгъэ ишъын игугъу хъуар яхунимгъэсури пиубыда и унафэкӀэ. Апхуэду, тхьэмадэ-хасэм, пэштыхьфыз Тишиярикшита я дэӀэпыкъуэгъукӀэ ӀэнатӀэпашъхьэр и къуэрылъхум хуэкӀуа хъуа.