Адолф Гитлер

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Wikitext.svg Мы тхыгъэр викификациэ щӀын хуэй.
Зэгъэзэхуэн хуэй тхыгъэ зэгъэзэхуэн хабзэкӀэ.
Адолф Гитлер
Adolf Hitler
Адолф Гитлер
Сурэт 1933 гъэм щӀа
Нып
Фурер Ещанэрей Рейхым
Нып
8 шыщхьэӀум 1934 — 30 мэлыжьыхьым 1945
 
Адэр: Алоис Гитлер
Анэр: Клара Гитлер
Быныр: Ева Браун
 
ӀэпэкӀэдзыр: ӀэпэкӀэдзыр

Адолф Гитлер (джэр-бз. Adolf Hitler, 1889 мэлыжьыхьым и 20 — 1945 мэлыжьыхьым и 30) — идеологиэ национал-социализмыр къыригъэжьа, НСДАП политик партиэри, фурер Ещанэ Рейхым (1933-1945), Джэрмэным и дзэзэшэ нэхъышъхьэ ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм, агрессиэ политикэм хэта, иригъэкӀуэкӀа.

Биографиэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къалэ Браунау Инным къэхъуа (а зэманым — Аустрэ-Венгриэ) Алоис Гитлеррэ и шъхьэгъусэ Кларэра я унагъуэм. Алоис Гитлерым 1876 гъэм нэгъунэ унэгъуэцӀэ Шиклгрубер зэрихьэ, абы шъхьэкӀэ куэдым ар Адолф Гитлер и унэгъуэцӀэдыду къащохъур ауэ ар апхуэду щыткъым.

Школыр къыуха яуж Венэм и арт академиэм кӀэхьэфакъым. Аустрэ-Венгрым дзэм къулыкъу имыхьыфу и узыншагъэмкӀэ Гитлерыр джэрмэн дзэм зыхетхэ къулыкъур ихьын, абым идежь Япэрей дунейпсо зауэм хохуэ и къуэхьэпӀэ гъунапкъым. Гъунапкъым идежь пӀэ ефрейторым носыр, абы пэмыкӀыу щӀыхьитӀ къэхь: ГъушӀ джорхэр II-рэ I-рэ степенхэу.

Джэрмэныр Япэрей дунейпсо зауэм зэр темыкӀуам Гитлер Ӏэуэ гурышхъуэ ишъыти 1919 гъэм Национал-социал лэжьакӀуэ партиэ (НСДАП) ешъыр. НСДАП-ым и мурадыр — Джэрмэн империэм къэру иӀэр зэфӀэгъувэжьын, антисемит тетыкӀэ, парламен демократиэр тегъэкӀауэ тоталитар ӀэнатӀэ щӀын — ахэр Гитлер и автобиографым итхэт — тхылъ Си Зауэ -м (джэр-бз. Mein Kampf).

Хом хомурэ НСДАП-ым и къэрур хэхъуэн щыкӀидзэм Гитлерым къэрал ӀэнатӀэр зауэкӀэ иубыдын гъугъэ ешъыр. 1923 гъэм, Гитлерыр НСДАП-м и штурым гупхэм яхэхьэ яуж, пивэфэм, Мунхен и администрациэ унэхэр яубыдын ежьахэ ауэ полициэм зэбгырахуахэ. ЯужкӀэ а къэхъуа хъыбархэм еджэн зэркӀадзар Пивэфэм и путч.

Гитлерыр илъэситху хьэпсэм исыну тралъхьэ шъхьэкӀэ абым яуж, мазэ 9 нэхъ темыкӀауэ яутӀыпщыжь. Хьапсэм идежь Гитлерым къыгуроӀуэ ӀэнатӀэм зэрӀухьэфынут хабзэ закъуэмкӀэ, абым емыбакъу.

Джэрмэным и лэжьыгъэ цӀэрыӀуэ ныбжэгъу иӀэхэм я сэбэпыгъуэкӀэ Гитлерым 1930-мрэ 1932 гъэхэм пэрламент хэхыгъуэм НСДАП-м депутат мандатхэм я нэхъыбэр къэхьыр. 1933 гъэм, щӀыщылэм Гитлерыр рейхсканцлер мэхъур, 1934 гъэм, Джэрмэным и президент Гинденбургыр дунем ехыжьа яуж Ещанэрей Рейхым и фурер мэхъур.

ӀэнатӀэм зэрыӀухьэм хуэду Гитлерым и политик оппонентхэр Ӏуэххэри лъыгъажэкӀэ яужым къэралым тоталитар диктатурэ трегъэувэ. Джэрмэным концентрациэ лагер бжыгъэ яшъхэр абым и режимым пэщытхэм шъхьэкӀэ.

1938 гъэм Джэрмэным Аустрэр (Аншлюс) хагъэхьэ, 1939 гъэм — Чехослоуакыр (Мюнхен тхылъ). 1939 гъэм фокӀадэм и 1 джэрмэн дзэхэр Полшэм тоуэхэ, ЕтӀуанэ дунейпсо зауэр кӀедзэ. 1940 гъэм Вермахт (джэрмэн дзэр) Еуропэм и нэхъыбэр яубыд. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22 Вермахтым къыӀомыху зауэ зэркӀидзэр ССЗР-м тоуэ.

1945 гъэм совет дзэхэм къадэшъ дзэхэм ядэкӀыгъу Джэрмэн кӀуэцӀым хэхьэн кӀадзэ. 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 30, Джэрмэным зэр текӀуахэр Гитлерым къыщыгурыӀуэм - зеукӀыжь, кӀэрахъуэмкӀэ ишъхьэм еу.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]