ЖыгыуӀу лъэпкъыр
Къыздихар Уикипедиэ
| ЖыуӀу лъэпкъыр | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Picidae Vigors, 1825 | ||||||||||||
|
Жыгыу́Ӏу лъэ́пкъыр (лат-бз. Picidae) — жыгыуӀу хэкӀыгъуэщ, къызэкӀэубыдэ лӀэужьыгъуэ 208-рэ лъэпкъыгъуэ 36-рэ.
Я нэхъ пӀащэхэр вындым хуэдизщ, ауэ нэхъыбэр бжэндэхъум хуэдизынщ. Зэмыфэгъухэщ.
Илъэсым зэ нэхъ къырашкъым, къакӀэцӀыр джэдыкӀи 3-13-щ. Абгъуэм хъури анэри захъуэжурэ тесщ. Псори мэзым щопсэу, жыг гъуанэхэм щогъуалъхьэ. Аустралиэ, Мадагаскар, Полинезиэ щӀыналъэхэм къанэмыщӀа, дунейм и къэрал псоми щыӀэщ.
ЖыгыуӀухэм нэхъыбэу яшхыр жыгхэм зэран яхуэхъу хьэпщхупщхэмрэ я хупсхэмрэщ. Мэзым икъукӀэ сэбэп хохъур.
Къаукъазым жыгыуӀу лӀэужьыгъуэхэр лъэтэжкъым.
ХэкӀхэр [гъэтэрэзын]
Лъэпкъ къуэдзэхэмрэ лъэпкъыгъуэхэмрэ:
- Лъэпкъ къуэдзэ Picinae
- Melanerpes
- Sphyrapicus
- Xiphidiopicus
- Dendropicos
- ТафэжыуӀухэр (лат-бз. Dendropicos)
- ЖыуӀухэр (лат-бз. Dendrocopos)
- Picoides
- Veniliornis
- Campethera
- ЩӀыжыуӀухэр (лат-бз. Geocolaptes)
- Dinopium
- Meiglyptes
- ЖыуӀукӀэкӀэщӀхэр (лат-бз. Hemicircus)
- ЖыуӀугъуэплъхэр (лат-бз. Micropternus)
- ЖыуӀуудзыфэхэр (лат-бз. Picus)
- Mulleripicus
- ЖыуӀуфӀыцӀэхэр (лат-бз. Dryocopus)
- Celeus
- Piculus
- Colaptes
- Campephilus
- Chrysocolaptes
- Reinwardtipicus
- Blythipicus
- Gecinulus
- Sapheopipo
- Лъэпкъ къуэдзэ Jynginae
- ЖыуӀущхьэпсхэр (лат-бз. Jynx)
- Лъэпкъ къуэдзэ Picumninae
- ЖыуӀужьейхэр (лат-бз. Picumnus)
- Verreauxia
- ЖыуӀужьейгъуэплъхэр (лат-бз. Sasia)
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.