Вынд

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Вынд
Вынд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
ХэкӀ: Бзухэ
ХэкӀыгъуэ: Бзуужьхэ
Лъэпкъ: Вындхэ
Лъэпкъыгъуэ: Вындлъэпкъхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Вынд
Латин цӀэр
Corvus corax Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Вынд (лат-бз.: Corvus corax, ур-бз.: Вoрон) — бзухэм ящыщ, вынд лъэпкъ цӀыкӀум яхэт.

Аплъэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бзуужь лъэпкъм яхэтхэм нэхъ ин. ИкӀыфэм икӀыхьагъыр см. 60 - 65 мэхъур. Хъухэр нэхъ ин бзыхэм нэхърэ, адрей псомкӀэ зэхьчху щытхэ. Хъухэм я дамэм икӀыхьагъыр мм. 410 - 473, бзыхэм мм. 385 - 460. Я хьалъагъыр хъухэм г. 1, 100 - 1560, бзыхэм г. 798 - 1315. Дамэ зэгуэхахэм я бгъуагъыр м. 1, 20 мэхъу.

Я цыр къуагъми вындыжьми ям хуэду зы фэуэ щыт, ауэ вындыжьхэм зэрамыхьчыр я инагъымкӀэ. Я цхэр фӀыцӀу щыт шхъуантӀу иэ удзыфу хэлыдыкӀыу. Чырхэм я цыр псыфэ-кӀынфӀу щыт, мы лыду. Бзу инхэм я цыхэр фӀыцӀэ; яшхьэр, пшъэр дамэхэр джоуэ плъыжьыфу лыду, ныбафэмкӀэ шхъуэнтӀафу лыду. Цы нэгъу лэныкъуэм тетхэм я кӀэхэр памцӀу щытхэ. Пэр памцӀэ къэрууфӀэ, фӀыцӀу щыту. Лъэбжъанэхэр ину щытхэ, гъэчаху. КӀапэр памцӀу щыт, щы лъатэм идежь зэуэ гу лъыпту.

Вындым икъэлэтыхьын шэныр бзу-шъакӀуэхэм нэхъ ехьч адрей вынд лъэпкъ цӀыкӀум ящыщ бзухэм къызэралъэтыхьым нэхърэ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Куэду здэпсэухэр Еуропэм, Азиэм, Ишъхъэрэ Америкэм, Ипшъэ Африкэм.

Еуропэм ипшъэлъэныкъуэм Норвегиэм, Шуэциэм, Финлэндым къыщыкӀэдзауэ Урысейм ишъхъэрэ лъэныкъуэр хэту ипшъэмкӀэ макӀкуэ Португалым, Перенейхэм, Урымым, Алыджым икъуэхьапӀэ лъэныкъуэм, Болгарым, Румыным, Хы ФӀыцӀэм и Ӏуфэхэм, Къаукъазым. КъуэкӀыпӀэмкӀэ Курыт, КъуэхьапӀэ Сыбырым Анадырим, Чукот хы тӀыгуныкъуэм, Камчаткэм, Сахалиным, Курил хы тӀыгухэм нэс щопсохэ. ИпшъэмкӀэ: Ипшъэ Африкэм, Аравиэм, Палестиным, Шамым, Къажэрым, Афганистэным, Ишъхъэрэ-Къуэхьапэ Индиэм, Гималайхэм, Тебетымрэ Монголымрэ. КъуэхьапӀэм Кобдомрэ Лоб-Нора нэс щопсохэ. Абы пэмыкӀыу куэду Гренлэндымрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ щопсэухэ.

Япэрей Совет Къэралым ишӀыпӀэхэм здэпсэухэр: ИщхъэрэмкӀэ Колымрэ (ур-бз. Кольский) Кáнин хы тӀыгуныкъуэхэм, Тиман тундрэм, ЩӀыгу КӀэм, Колгу, Чмалым, Таймырым щыпсэухэкъым. Обымрэ Енисеймрэ я псыхъуэхэм гуп мыинхэу долъатэхэр, ауэ щыпсэухэркъым. КъуэкӀыпӀэмкӀэ я щӀыпӀэр Хатангам носыр. ИпщэмкӀэ дэнэ декӀи щырокӀуэ Хы ФӀыцӀэмрэ Къаукъазымрэ нэс, Туркменистаным и къуэщхьэ лъэныкъуэхэм, Къазэхъстаным тыншу иубыд щӀыпӀэхэр псэущхьэ-азэгъуэхэм иджыри загъэщакъым, абы аткӀэ я щӀыпӀэхэр Монголым носыр.

Зэрыпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЩӀымахуэхэм вындхэм цӀыхухэм я гъунэгъуу заӀыгъыр. Езыхэр бзу сакъыурэ щытхэщ, щӀым фӀыуэ тетхэщ, зокӀуэфхэр. Дэлъэтеин щхьэкӀэ япэ щӀыкӀэ тӀэу-щэ мапкӀэри итӀанэ долъэтейхэ. КъагъэщӀыр Ӏэсэхэм илъэс 15-м къыщыщӀэдзауэ 69-м носыр.

Сыт щыгъуи зы щӀыпӀэм ису щытхэкъым. Къаукъазымрэ Туркменистанымрэ къущхьэ лъэныкъуэхэм вындхэм я ныкъуэращ къыдэнэр, илъэс гуэрэхэм зэрызууи къыдэнэ мэхъур. Туркменистаным бын къырача яуж гупху зэхохьахэ, бзуу 40 - 70 хуэдиз хъууэ, нэхъ макӀыу щэм фӀэкӀыу гупу зэхохьахэ. Къэукъазым гъэ щӀыӀэхэм гупхэр ину щыткъым бзууэ 10-12 хуэдизу зэхэтщ. Еуропэ лъэныкъуэм бын къырача яуж вындхэр гуп-гупу мэкуэчхэ бзууэ 3-7 хуэдизу зэхэтхэу.

Яшххэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Вындхэм шхынкӀэ зэхэдз яшъкъым. Нэхъыбу я шхыныр псэхэлӀэл. Абы пэмыкӀыу бындыр мэшъакӀуэ губгъуэхэм, мэзкъуийхэм, къушъхьахъухэм, хым, псым я Ӏуфэхэм. А къэбжэкӀа шӀыпэхэм вындым къыилъыхъуэхэр псэхэлӀэл (унагъуэ псэушъхьа лӀа: былым, джэд, хьа...) абы пэмыкӀыу: губгъуэ псэушъхьахэр еубыд, джэдыкӀэ абгъуэхэм илъхэр ирех, бзу чырхэр ехь, бжъэжъей, цӀыв Ӏамэ.

Зэрзэпыхьахэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Вындхэр щызэфӀэувэхэр илъэситӀ щырикъум идежь. Хъурэ бзырэ зэргъуэтахэр зэхэкӀыжьхэкъым. Абгъуэм джэдыкӀэ щырилъхьар мазаем икӀэм идежь. Ирилъхьар джэдыкӀыу 4 -6 хуэдиз. Махуэ махуитӀ дэлъурэ мэкӀэцӀыр. ЕтӀуанэр иэ ещанэр ирилъхьа яуж тесын кӀедзэр. Зэртесыр махуэ 19 - 21. Чырхэр хъуми бзыми япӀыр езыхэм яшхымкӀэ чырхэри ягъашху. Абгъуэ пӀыныр мазэрэ ныкъуэрэкӀэ йокӀуэкӀыр. Лъэтэн кӀадза яуж быныр куэдрэ нэхъыжъхэм ядэкӀыгъу иджыри, бжыхьам икӀэм идежь щызэхэкӀыжьхэр.

Лъэпкъым зэрзэшъхьащыкӀхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Corvus corax corax - Еуропэ псом (Эспанымрэ Португалымрэ хэмыту) Кърым, Къаукъаз, Къэжэрым (Иран) ипшъэм нэс, КъуэхьапӀэмрэ Ипшъэ Сыбырымрэ
  • Corvus corax varius - Ислэндымрэ Фарер хы тӀыгухэмрэ
  • Corvus corax subcorax- Алыджымрэ, Азиэ Курытымрэ, Хъутэйм икъуэхьапӀэр (Гималайхэр хэмыту)
  • Corvus corax tingitanus - Ишъхъэрэ Африкэр, къуэкӀыпӀэмкӀэ Киренаикимрэ Мерса-Матрухым нэсу, Канар хы тӀыгухэр.
  • Corvus corax tibetanus - Азиэ курыту хъуар (Тыркменистаныр хэмыту), Гималайхэмрэ, Тибетымрэ.
  • Corvus corax kamtschaticus- Сыбырым, Монголым нэсу.
  • Corvus corax principalis - Гренлэндымрэ Ишъхъэрэ Америкэмрэ.
  • Corvus corax sinuatus - Америкэ Штат Зэгуэтхэм икъуэхьапӀэ лъэныкъуэр, Ондурасымрэ Мексикэмрэ (хы тӀыгу къабгъэдэлъхэри хэту).
  • Corvus corax laurencei - Джуртей, Шам, КъуэхьапӀэ Къажэр (Иран), Ипшъэ-КъуэхьапӀэ Индиэ, Азиэ ЦӀыкӀур.
  • Corvus corax hispanus - Исбухьэн, Португал, Балеар хы тӀыгухэр.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]