Бжэндэхъу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Бжэндэхъу
Бжэндэхъу
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Унэбзу хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Бжэндэхъу лъэпкъыр
Лъэпкъыгъуэ: Бжэндэхъухэр
ЛӀэужъыгъуэ: Бжэндэхъу
Латин цӀэр
Sturnus vulgaris Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт
    здигъуалъхьэр

    гъэпсом
    щӀымахуэр здырихыр
    здырахьар — гъуэлъхьэпӀэр

    здырахьар — щӀымахуэихыпӀэр


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179637
NCBI 9172
Sturnus vulgaris

Бжэндэхъу (лат-бз. Sturnus vulgaris) — бзу хэкӀ инкъым, бжэндэхъу лъэпкъым щыщщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Цы зэпхъыжагъащӀэм и теплъэр фӀыцӀафэ лыдщ, ӀэпапӀэ хуж зэхуэмыдизхэр хэсу. Гъатхэм ехъулӀэу а ӀэпапӀэхэр нэхъ цӀыкӀу мэхъу е хокӀыжыпэ.

Здэпсэухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къэрал куэдым щопсэу. Абгъуэ щащӀ жыг гъуанэхэм, нэхъ къуалэбзу инхэм я абгъуэ лабжьэхэм. Къаукъазым тӀо мэгъуалъхьэ. Шырхэр анэми хъуми зэдапӀ. Мэлъэтэж, ауэ Ищхъэрэ Къаукъазым щӀымахуэр щизыххэри щыӀэщ. Бжэндэхъур ди щӀыпӀэхэм гъатхэм нэхъ пасу къэлъэтэжхэм ящыщщ. Япэ махуэм зэман куэд ирагъэхь абгъэу щӀыпӀэ екӀу къэлъыхъуэным. Къагъуэта яужым уэрэд жыӀэн щаублэ. Я бзэрабзэ макъыр инщ, икӀи нэщхъыфӀэщ. Бжэндэхъум екӀуу зыпащӀыжыф нэгъуэщӀ бзу лӀэужьыгъуэхэми, хьэндыркъуакъуэ, хьэ банэ макъхэм, уеблэмэ цӀыху макъми.

Ӏусыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Я Ӏусыр хьэпӀацӀэ, цӀыв зэмылӀэужьыгъуэ, пхъэщхьэмыщхьэщ.

Хабзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бжэндэхъум теухуауэ адыгэ псалъэжь щыӀэщ:

  • «Балий хадэ уиӀэмэ бжэндэхъур зыщӀысыр пщӀэнщ.»


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.