Дубэкъ
Къыздихар Уикипедиэ
| Дубэкъ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Coccothraustes coccothraustes Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
|
Дубэкъ (лат-бз. Coccothraustes coccothraustes) — бзупэгъум лъэпкъым щыщщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Бжэндэхъум хуэдизынщ, ауэ нэхъ кӀэщӀщ, быдэу зэхэщӀыхьащ, щхьэшхуэщ. Адрей лӀэужьыгъуэхэм къахощхьэхукӀ пэ гъум кӀэщӀ хъуреймкӀэ. Теплъэр хуабжьу зэщымыщэу зэхэдзащ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Къаукъазымрэ Кърымымрэ нэмыщӀу Курыт Азиэм, Еуропэм, Африкэм, Индиэм и ищхъэрэ лъэныкъуэхэм щопсэу. Дубэкъхэр щыгъуэлъхьэну фӀыуэ ялъагъу мэракӀуэ жыг хадэхэм, паркхэм.
Ӏус [гъэтэрэзын]
Ӏусым хохьэ гъавэхэкӀ, пхъэщхьэмыщхьэ, жыг жылэ (балий, къыпцӀэпщхьэпэ купкъхэр), джэшхэкӀ, нартыху, дыгъэгъазэ. Яшх гъудэбадзи, жыг хадэхэм мащӀэу я зэран йокӀ.
Гу лъыптэну [гъэтэрэзын]
Ину зэрыныбаблэхэм папщӀэ адыгэ псыжъ-инжыдж лъэныкъуэхэм щыпсэухэм зэреджэр жыгщхьэмацӀэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.