Нартыху
| Нартыху | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Zea mays L. | ||||||||||||
|
|
Нартыху (лат-бз.: Zea mays, ур-бз.: Кукуруза) — лъэпӀкъ нартыхухэм (латиныбзэ лат-бз. Zea) ящыщ закъуэ арысу. Нартыху арысэм пэмыкӀу иджыри хэтхэр (Zea) лъэпӀкъым - Z. diploperennis, Z. perennis, Z. luxurians, Z. nicaraguensis.
[гъэтэрэзын] Морфологиэ
Нартыхур - лъагэ, зы илъэскӀэ псо удз-къэкӀыгъэ, илъэгагъкӀэ метрищым нэсу (зэзэмызэ м 6 иэ нэхъыбэм фӀокӀыр), лъабжъэ фӀы иӀу. ИпӀкъыр занду щыт, ибгъуагъыр см. 7 нос, икӀуэцӀыр мы нэкӀыу.
Тхьампэхэр ин, я бгъуагъымкӀэ см. 10 носхэ, я кӀыхьагъымкӀэ метрым, я лъапэмкӀэ пӀкъым ихъуреягъыр иубыду.
[гъэтэрэзын] КъыздикӀар
Христофор Колумб Америкэр къыгъуэта нэуж Еуропэм дышъэм игъусу тутыныр, нартыхур, кэртофыр джоуэ къыносыр. 1500 гъэм Эспаниэм икуей Кастилиэм игубгъуэхэм нартыхур ягъэкӀыу кӀадзэ.
Езы еуропей лъэпӀкъхэр зэредж псалъэ maiz - къызхэкӀыр таино лъэпӀкъым ябзэм "mahiz", Антил хы тӀыгухэм щыпсоуауэ, еуропейхэр дэмыхьа щӀыкӀэ.