Балий

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Балий (лат-бз.: Prunus avium, ур-бз.: Черешня) — жыг къэкӀыгъэхэм ящыщ (м. 10 нэсу илъэгагъыр), мы Ӏарысу къыздэкӀыр Укрэинэм (Кърымым), Ипшъэ Урысей (Къаукъазым). Ӏарысу куэду ягъэкӀыр.

Сурэтыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Балийр - жыг-къэкӀыгъэ нэхъ инхэм ящыщ. ПсынкӀыу мэкӀыр адрей жыгхэм ялъытамэ. ПкӀашъхьар хъуреуэ, тӀэкӀу хуэкӀыхьу щыт иэ икӀагъым бгъуэуэ ишъхьамкӀэ памцӀэ хъууэ. ЖыгыкӀэм ифэр гъуабджу, плъыжьыфу иэ псыфу щыт.

Лъабжъэр шӀым кууэ хэхьакъым ауэ хузэфӀэкӀмэ фӀыуэ зэкӀегъэкӀхэр.

Тхьампэхэр ину щыт, лъапэмкӀэ хуэпамцӀу ипэмкӀэ хуэхъуреуэ, пэм памцӀэ цӀыкӀукӀэ иуху. КӀыхьагъкӀэ см. 16 хуэдиз хъуху.

Хужьу мэгъагъэхэ, къудамэм игъунэгъу пысху, тхьампэ тхурытху ятету. Тхьампэхэр къэтӀэпӀыным ипэкӀэ мэгъагъэ, гуп цӀыкӀу-цӀыкӀурэ зэхэсху.

МэракӀуэхэм зы кумкӀэ хэлъ, езыхэм псы якӀэту, хъуреуэ щытхэ, яфэкӀэ флъыжым къыщыкӀэдзауэ къуафӀцӀэм нэгъунэ нос. Мэзым къыщыкӀхэм я мэракӀуэхэр нэхъ цӀыкӀу щытхэ см 2 хуэдиз мэхъухэ. КумкӀэхэр хъуреуэ, цӀанлъу щытхэ.

ЛъэпӀкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Шэдыгъуэм зэршъхьащыкӀыр ипӀкъ зындэмкӀэ, фэхуу щыту, икъудамэхэмкӀэ, тхьампэхэр нэхъ удзыфэху щытхэ, дзасу. ШӀыпӀэ къыздэкӀхэр ( Былийр нэхъ хуабэ лъэныкъуэ къздэкӀыфыр ), Еуропэм и ипшъэ лъэныкъуэхэм.

ПэмыкӀыу[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Жыг гъэгъа

Тхьампэ

Гъэгъа

МэракӀуэхэр