Цей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Цей (ур-бз: черкеска)

Цейр лъэпӀкъым ди напэ. Джыпсту шъхьадж ишъхьа къызэрхуэкӀу цейр зэрахьа. Япэ кӀышъэ цейм ифэкӀэ зезыхьар къацӀыхут: Хужь (Пщы), псыфэ (хужьым нэхъ хуэкӀуэ) плъыжь, фӀыцӀабзэ (къуафцӀэ) (Лъакъуэлъэш иэ Уэркъ), псыфэ, фӀыцӀэ, гъуабджэ (лъхукъуэлӀ). (Цей къуэлэн, шхъуантӀэ, удзыфэ, гъуэжь иэ пэмыкӀы фэ зэрахьу щытакъым адыгэм!). Цейр лъэгуанджэм нэсу иэ кӀыхьу, лъапэм нэс джыпӀа хъууэ ядт. Бгъэр къихауэ, Ӏашъхьар бгъуэуэ Ӏапшъэм нэсу иэ нэхъ кӀыхьу. Ибгъэ лъэныкъуитӀым хьазырхэр (куэдым ягъэгъуащэ хьазырыр адыгэ псалъу ялыту, хазырыр хьарып псалэ) традэт блырыблу иэ нэхъыбу. Езы хьазырылъэхэр пэмыкӀы фэуи яшъу хъут, шъагъэр ишъхьамкӀэ традэжьу. Цей къуапэмрэ Ӏашъхьамрэ ихъуреягъкӀэ уагъэ къырадыхьт, нэхъ лъэпӀкъ бейхэм дышъэ иэ дыжьын шъагъэкӀэ. Цейр хуэфӀу ядт, хуиту зэрахьатэкъым, пӀкъэм фӀыуэ фӀэсу, кӀыбыр иӀыгъу бгым нэгъунэ кӀуэт, бгъэр здиухым иде, ныбэр зэхуишъу кӀыӀу ирадэт, кӀыӀуитху хуэдиз.