Хы хуит
Хы хуит — территориэ хыхэм аткӀэ щылъхэу икӀи дунейм и зы къэралым и унафэ щӀымыту, хым и щӀыпӀэ. Хы хуитхэм дэтхэнэ къэралми лъэпкъыми я ижьхэр щызэхуэдэу щытщ[1].
Хы хуитхэр къыхэгъэщын щхьа признэкитӀ пщӀэн хуейщ:
- Ар зы къэралым и унафэ щӀэтын хуейкъым
- Къэралхэм я территориэ хыхэм аткӀэ щылъын хуейщ
Хы хуитым и псхэр къызэрагъэсэбэп
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хы хуитым и псхэр къагъэсэбэп — Лъэпкъыгъуэ ижь императив принцип хуитыныгъэ унафэм къыхэкӀыу. Абы унафэу егъэув зы къэралым а псыхэми абы къащхьэщыт хьэуахэми я къэрал унафэ траувэ мыхъуну икӀи зы къэралым нэгъуэщӀ къэралым а псыхэм и къухь къызэрыригъэкӀухьым шэч трилъхьэ мыхъуну икӀи а кхъухьхэм пэрымыуэну.
А принципхэм я пщӀэр Хы хуитым и Конвенциэмрэ (1956 гъ), ЛЗО-м и хы ижь Конвенциэмрэ (1982 гъ) итхауэ итхэщ.
Хы хуитхэм я хуитыныгъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Хы хуитым и псхэм я хуитыныгъэхэр абсолутнэу щыткъым, абы теухуауи дэтхэнэ къэралыми игъэзэщӀэн хуейщ ЛЗО-м и хы ижь Конвенциэ 1982 гъэм ятхауэ щтар (напэ 87-рэ 89-рэ)[2]
Хы хуитым и хуитыныгъэхэм хеубыдэр:
- Дэтхэнэ кхъухьми хуиту къыщикӀухь хъуну
- Дэтхэнэ кхъухьлътэми хы хуитхэм я уафэгум къыщилъэтыхь хъуну
- Дэтхэнэ къэралми хуиту псыщӀагъ кабелхэмрэ трубахэмрэ щыщӀищ хъуну
- Дэтхэнэ къэралми ӀэрыщӀ тӀыгу трищӀыхь хъуну (ауэ ижь унафэм пэрымыуэу щыту щтымэщ)
- Хуиту бдзэжьей ушещэ хъуну
- Хуиту наукэм епха къэплъыхьыгъуэхэр ебгъэкӀуэкӀ хъуну икӀи нэгъуэщӀ къом.
Кхъухьхэм я хуитыныгъэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Дэтхэнэ кхъухьми хы хуит псыхэм сытхуэдэ къэралми и ныпым щӀэту къикӀухь хъунущ (а къэралым хым Ӏухьэми хуиӀэу щытми щымытми).
Ӏэщэ кхъухьхэми мыдрей кхъухьхэм яӀэ ижьым хуэдиз ижь яӀэщ. Ауэ Ӏэщэ кхъухьэр хуиткъум а псыхэм Ӏэщэ къыщигъэсэбэпын.
Ауэ а псылъэм хуитыныгъэ куэд къыщекӀуэкӀхэми, псом нэхърэ нэхъыщхьэу абыхэм пират Ӏуэхухэр щебгъэкӀуэкӀ хъунукъым.
Иджыри феплъ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- ↑ International Waters, United Nations Development Programme
- ↑ United Nations Convention on Law of the Sea