Республикэ Калифорниэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Республикэ Калифорниэ
California Republic

къэралу ямыбж
мэкъуауэгъуэм и 14 — бадзэуэгъуэм и 9, 1846 гъэ


Калифорниэ Республикэм и нып
Къалэнэхъышъхьэ Сономэ
Бзэ(хэр) инджылыбзэ, эспаныбзэ
Дин католицизм
ӀэнатӀэм и хабзэр Президент республикэ
Президент
 - 1846 Уиллиам Ид
'
'
Ищхьэ Калифорниэ
Калифорниэ

Республикэ Калифорниэ — Ишхъэрэ Америкэм щыӀауэ щта къэрал. АШЗ-ым къиӀэпхъукӀахэм 1846 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 14-м къэрал щхьэхуиту забжыжауэ щытащ. Къэралыр ауэ мазэ нэхъ мащӀэщ зэрыщыӀар. Бадзэуэгъуэм и 9-м ар АШЗ-м хыхьащ. Къэралыр щхьэхуитыху абы иджыри иреджэу щтащ Мыщэ ныпым и республикэу.

Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Оригинал ныпым и сурэт

1846 гъэм, нэкъыгъэм и 13-м АШЗ-рэ Мексикэрэ зэзэуэн щӀадзащ. Калифорниэм щыпсэу американхэм абы теухуауэ зыри ямыщӀэу, я щӀыпӀэ капитаным и унафэкӀэ зыкъаӀэтри, Мекикэм и Ишхъэрэ Калифорниэм и комендантыр тутнакъым ирадзэри, щхьэхуит къэрал Республикэ Калифорниэу загъэлъэпӀащ, Сономэ къалэр я къэлащхьэ ящӀри.

Республикэм и президенту хахащ Уиллиам Ид. Ар махуэ 25-кӀэ республикэм и пэщтыхьу щытащ.

Бадзэуэгъуэм и 7-м, Калифорниэ Ӏуфэм американэ кхъухьыдзэр къитӀысыкӀри АШЗ-р Мексикэм зэрезэуар, республикэм жэраӀуэ щтащ. МахуитӀ дэкӀа иуж, бадзэуэгъуэм и 9-м зыкъызыӀэтахэм мурад ящӀащ республикэр якъутэжу, АШЗ-м хэхьэнухэу. АШЗ-м дэщӀыуи Мексикэм езэуэну.

Республикэм и ныпу щтар иужкӀэ, Калифорниэ АШЗ-м и зы штат хъуа иуж зэхъуэкӀа тӀэкӀу иӀэу штатм и ныпу ящӀыжауэ щтащ.

Литературэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]