Jump to content

Махуэ Гъэпс

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Мы тхыгъэм и стилыр энциклопедиэм екӀукъым, иэ адыгэбзэм иобакъуэ.
Тхыгъэр гъэтэрэзын хуэй Википедиэм и стил хабзэмкӀэ.

Махуэ Гъэпс Тхьамахуэм (ур-бз.: Неделя) — МахуэцӀэхэмрэ мазэцӀэхэмрэ ехьэлӀауэ иджыри къыздэсым зыми лэжьыгъэ пыухыкӀа игъэзэщӀауэ щыткъым. Абы къыхэкӀыу, мурад тщӀащ мы темэм зэрытхузэфӀэкӀкӀэ делэжьыну икӀи а Ӏуэхугъуэм теухуауэ щыӀэ еплъыкӀэхэр утыку къитлъхьэну. Мыбдеж жыӀапхъэу къыдолъытэ, нобэ къагъэсэбэп фӀэщыгъэцӀэхэм арэзы дызэрытемыхъуэр.

Махуэхэм адыгэхэр зэреджэу щытар гугъуехь хэмылъу зэ еплъыгъуэкӀэ къыпфӀэщӀ щхьэкӀэ, ар апхуэдизу ӀупщӀкъым.

Мы псалъэхэм – блыщхьэ, гъубж, бэрэжьей, махуэку, мэрем, щэбэт,тхьэмахуэ – жыхуиӀэхэм ар наӀуэ къащӀ. Мыхэр культурэ зэмыщхьхэм пыщӀащ, дин зэтемыхуэхэм я деж я къуэпсыр къыщожьэ. Абы щыхьэт техъуэ куэд тхыгъэхэм хэту урохьэлӀэ.

1-Япэу къэтщтэнщ блыщхьэ «понедельник» псалъэр.
къэб. блыщхьэ – понедельник. Тхьэмахуэ зэхуакум къызэрыщӀидзэ,адыг. блыпэ – понедельник. МэфацӀэ, тхьэумафэм къыкӀэлъыкӀорэ маф.2
Щапхъэ : къэб. Блыщхьэ махуэм зэӀущӀэ щыӀэт.
адыг.Блыпэ мафэм зэӀукӀэ щыӀэщт.
къэб. блыщхьэ адыг. блыпэ
блы «семь» – щхьэ «начало»
блы «семь» – пэ «начало»
Мы псалъитӀыр я мыхьэнэкӀэ зэтохуэ. ТӀуми тхьэмахуэ зэхуакум хиубыдэ махуиблым я щхьэ, я нэхъапэ, къежьапӀэ къокӀ.
Мыпхуэдэ псалъэ къэхъукӀэм адыгэбзэм куэдрэ ущрохьэлӀэ. Мыбдеж лъабжьитӀ: блы +щхьэ // блы + пэ зэхыхьэри псалъэщӀэ къэхъуащ.
Щапхъэ: бгы + щхьэ – бгыщхьэ
тхьэ + махуэ + пэ – тхьэмахуэпэ
Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэу адыгэхэм блыпэ жаӀэ.3
Ар адыгэхэр ди щӀыпӀэм щикӀым здахьащ, къагупсысакъым езыхэм.
Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм хэтщ: « б л и ш х а h – понедельник”.
Совр. блыщхьэ – “понедельник”4
Ар щыхьэт тохъуэ мы фӀэщыгъэцӀэм ныбжьышхуэ зэриӀэр.
Нэгумэм макъ щ, хь –хэр къыщигъэлъагъуэкӀэ, ш, х – хэм диакритическэ дамыгъэ ( ) щӀыгъуу къегъэсэбэп. Хьэрф h – кӀэ мы псалъэм макъзешэ э къэгъэлъэгъуащ.
Мы махуэм ехьэлӀа нэщэнэхэри щыӀэщ. Нэхъыжьхэм къызэраӀуэтэжымкӀэ, блыщхьэм зыбгъэпскӀыну, ужьыщӀэну фӀыкъым.

Тхьэмахуэ зэхуакум хэт махуэхэм ящыщу блыщхьэм къыкӀэлъокӀуэ къэб. гъубж адыг. гъубдж сир. гъубдж
Иджырей адыгэбзэм и макъ дэкӀуашэ ж, ш, щӀ –хэр къатекӀащ пасэрей адыгэбзэм (общеадыгскэ) и аффрикатэ дж, ч, чӀ, джъ, чь, чӀь –хэр зэтехуэху щабэ хъуа иужь.1
Япэ щӀыкӀэ пхъашэхэр щабэ хъуащ, итӀанэ щабэхэр спирантхэм хуэкӀуащ.
Спирантизацие екӀуэкӀа нэужь мыхэр хуэкӀуащ ж, ш, жь, щ, щӀ спирантхэм.
джъ, чъ, чӀъ – дж, ч, чӀ – ж, ш, жь, щ, щӀ
Гъубж - Гъубдж псалъэхэм щытлъагъури а процессыращ.
Шагъыр А. зэритхымкӀэ, къэб. гъубж адыг. гъубдж псалъэхэр нэгъуэщӀыбзэм къыхэкӀащ. ЩӀэныгъэлӀым къызэрилъытэмкӀэ, абхъаз-абазэбзэхэм махуэцӀэхэм я нэхъыбэр зыпэхъу бжыгъэцӀэхэм епхащ.
Псалъэм папщӀэ:
«ср. а –wуaшa гӀуаша «вторник»
при wу-ба гӀу-ба «два»,
а-хъша хъаша «среда» при хъ-па «три» и т.д.2
Абы теухуауэ нэгъуэщӀ еплъыкӀи щыӀэщ. Адыгэхэр мажусий диным щита
лъэхъэнэм «Гъубж» жиӀэу тхьэ яӀауэ, абы къыхэкӀыу а цӀэр а махуэм фӀащӀауэ.
ИщхьэкӀэ къызэрыхэдгъэщащи, Сирием, Тыркум щыпсэу адыгэхэм
«гъубдж» псалъэр къагъэсэбэп, «зэманыр бжы» кърагъэкӀыу.3
Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм а махуэм ехьэлӀауэ итщ:
«губж – вторник
совр. гъубж – вторник»4
Гъубж псалъэм къытекӀауэ адыгэбзэм хэтщ унэцӀэ зыбжанэ. Абыхэм
ящыщщ Гъубж, Гъубжокъуэ. Ахэр мыпхуэдэу къэхъуащ:
Гъубж – Гъубж (зэрыпсалъэпкъыу къэнэжащ, н.ж. аффиксыншэу унэ-
цӀэр къэхъуащ).
Гъубж «вторник» + (интерфикс) + къуэ «сын»
Гъубжокъуэ – букв. «сын вторника».
Дунейм и пӀалъэ зыщӀэу псэуа пасэрейхэм къащӀэнащ мы махуэм ехьэлӀа нэщэнэхэр:
Гъубж махуэм Ӏуэху яублэркъым, гъуэгу техьэртэкъым.
Гъубжымрэ бэрэжьеймрэ кхъуэ пэтрэ и кхъуэц зыхигъэхукъым жаӀэрт.
Бзэртэкъым, дэртэкъым, Ӏэбжьанэ паупщӀыртэкъым, бзылъхугъэм и
щхьэц паупщӀтэкъым.

Чыристэн динымкӀэ а махуэхэр тхьэмрэ езы Исус Христосымрэ яйти
«пост» яӀыгът, улажьи упщӀантӀи хъуртэкъым, махуэр «тхьэ уелъэӀуу» епхьэкӀын хуейти, абы къытехъукӀыжащ а нэщэнэри.
Тхьэмахуэ зэхуакум щыщу гъубжым къыкӀэлъыкӀуэ махуэм бэрэжьейкӀэ «среда» йоджэ.
адыг. бэрэскэжъый – среда. МэфацӀэ. Гъубджым къыкӀэлъыкӀорэр –
бэрэскэжъый.1
Щапхъэ: адыг. бэрэскэжъые маф
къэб. бэрэжьей махуэ
Мыпхуэдэ псалъэ къэхъукӀэр адыгэбзэм куэдрэ къигъэсэбэпкъым.
жьей – суффикскӀэ къэхъу псалъэхэм «цӀыкӀуныгъэ» мыхьэнэ яӀэщ:
джэд «курица» + жьей – джэджьей «цыпленок»
щӀэ «новый» + жьей – щӀэжьей «детеныш»
Языныкъуэ псалъэхэм хэт суффикс – жьей-м и мыхьэнэр фӀэкӀуэдауэ
урохьэлӀэ.
Щапхъэ: къэб. бдзэжьей адыг. пцэжъый «рыба»
Шагъыр А. зэритхымкӀэ, бэрэжьей бэрэскэжъый псалъэхэр мыпхуэ-
дэу къэхъуащ:
Бэрэскэ + жъый («маленький, «малый»).
Япэ Ӏыхьэр грекыбзэм (алыджыбзэм) paraskeue “пятница» жиӀэу хэтащ.
Абы къыхэкӀри грузиныбзэм къэкӀуащ – paraskewi «пятница», иужькӀэ адыгэбзэм къыхыхьащ. А псалъэм апхуэдэ гъуэгу къикӀуащ грузиныбзэм къыхэкӀри.
Апхуэдэщ убых. брасхьэ «среда», инг. пӀфьраска, чеч. пӀураска
«пятница», осет. барысчӀи бархскӀх «траур», «пост». 2
Нэгумэ Шорэ къигъэсэбэпыр баражiе – «среда» псалъэращ.3
Сирием, Иорданием щыпсэу адыгэхэми аращ нэхъыбэу къагъэсэбэпыр.4
Бэрэжьей псалъэм «маленький пост» къикӀыу ялъытэ. Ар и щыхьэтщ
адыгэхэм Чыристэн диныр зэрахьэу зэрыщытам. Мы махуэм ехьэлӀауэ нэщэнэ зыбжанэ щыӀэщ:
«Гъубжым Ӏэбжьанэ иубзи, бэрэжьей гыбзэ къыптихуэ».
Мы нэщэнэм къызэриӀуатэмкӀэ, бэрэжьей махуэр фӀыкъым жыхуаӀэхэм хуэдэщ. Абы и мыхьэнэкӀэ пэщӀэуэ нэщэнэ ӀуэрыӀуатэм ущрохьэлӀэ:
«Ӏуэху быублэну, жылэ хэпсэну, жыг бгъэтӀысыну, тхьэмахуэр, щэбэ-
тыр, бэрэжьейр фӀыщ жаӀэрт»,- жыхуиӀэр.
ЗэрыгурыӀуэгъуэщи, мы махуэм ехьэлӀауэ цӀыхухэм зэхуэмыдэ еплъыкӀэхэр яӀэщ. Ауэ, дапхуэдэу щымытми, бэрэжьей махуэр нэхъ ягъэлъапӀэхэм ящыщу къэгъуэгурыкӀуащ.

Тхьэмахуэм и еплӀанэ махуэм махуэкукӀэ «четверг» йоджэ.
къэб. махуэку адыг. мэфэку
Адыгэбзэмрэ адыгейбзэмрэ мы псалъэхэр фонетикэ и лъэныкъуэкӀэ
щызэщхьэщокӀ. Ар къызыхэкӀыр адыгейхэм ху-м ипӀэкӀэ ф зэрыжаӀэрщ.
Абыхэм ху –р къыщагъэсэбэпыр ш-м и гъусэу къыщыкӀуэм и дежщ. ( «шхуэ» псалъэхэм хуэдэхэм).
НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, къэб. ху адыг. ф.
Щапхъэ: къэб. Махуэкум уджэу мэремым къызэхуэсарэт.
адыг. Мэфэку мафэм зэӀукӀэ щыӀэщт.
махуэ + ку – махуэку
Мыпхуэдэ псалъэ къэхъукӀэм адыгэбзэм ущрохьэлӀэ:
мазэ + ку – мазэку «середина месяца»
жэщыку «середина ночи»
Нэгумэ Ш. и тхыгъэхэм хэтыр махок – «четверг» псалъэращ.1
Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэухэм – мэфэку жаӀэ. Ар адыгеиб-
зэм ещхьщ.2
Нэхъыжьхэм зэрыжаӀэжымкӀэ, адыгэхэм чристэн диным щитам «тхьэ-
махуэку» жаӀэу щытащ. ИужькӀэ, япэ Ӏыхьэ – тхьэ-р пыхури, махуэку хъуащ.
Дапхуэдэу щымытами, а псалъэм тхьэмахуэм «неделя» ику къикӀыу аращ.

Тхьэмахуэ зэхуакум и етхуанэ махуэм мэремкӀэ «пятница» йоджэ.
Адыгэбзэм къыщхьэщыкӀыу, адыгейхэм а махуэм щхьэкӀэ бэрэскэшхуэ «пятница» жаӀэ.3
Мы псалъэ къэхъукӀэр адыгэбзэм куэдрэ къегъэсэбэп:
-шхуэ – суффиксымкӀэ щыӀэцӀэм, плъыфэцӀэм къытекӀа щыӀэцӀэхэм
гъэиныгъэ мыхьэнэ яӀэщ:
мэз + ы + шхуэ – мэзышхуэ «большой лес»
псы + шхуэ – псышхуэ «большая река»
бгъуэ + шхуэ – бгъуэшхуэ «широкий»
Суффикс – шхуэ пыувэурэ псалъэщӀэхэри къохъу:
дэ + шхуэ «грецкий орех», букв. «большой орех»
сэ + шхуэ «сабля» , букв. «большой нож»
адэ + шхуэ «дедушка», букв. «большой отец»
Шагъыр А. зэритхымкӀэ, бэрэскэ псалъэм суффикс –шху (э) «большой» пыувэри псалъэм къэхъуащ бэрэскэшхуэ «великая пятница», «великий пост».4
Сирием, Тыркум щыпсэу адыгэхэм бэрэскэшхуэ жаӀэ

Мы махуэм и фӀэщыгъэцӀэм теухуауэ еплъыкӀэ зэхуэмыдэхэр щыӀэщ.
Апажэ М. къызэрилъытэмкӀэ, мэрем псалъэр нэхъ пасэу урысыбзэм
къыхэкӀыу адыгэбзэм къыхыхьахэм ящыщ зыщ. Абы и щыхьэту къегъэув
Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм «хьэгэбз Мэрэм-Дева Мария, Богородица»
жыхуиӀэхэр зэрыхэтыр.1
Лопатинскэм мэрем псалъэр хьэрыпыбзэм щыщу къелъытэ, maryam –Мери – Мария ирепхри.
Шагъыр А. зэритхымкӀэ, а псалъэм нэгъуэщӀ къежьапӀэ иӀэщ:
тур. «бауram» «праздник», «торжество»; ног. байрам (мусульманский
праздник); кирг. майрам «праздник».
ЗэрыгурыӀуэгъуэщи, еплъыкӀэ щыӀэхэр зэщхьэщокӀ. Ауэ, шэч зыхэ-
мылъыращи, мэрем фӀэщыгъэцӀэр диным епхащ. А махуэцӀэм къытекӀауэ унэцӀэ, цӀэ щыӀэхэщ: Мэрем, Мэремщауэ, Мэремкъул, Мэремыкъуэ.2
Мэрем –Мэрем-Маремов.
Мэрем «пятница» + щауэ «парень» – Маремшаов, букв. «парень пятницы».
Мэрем «пятница» + къул «раб» – Маремкулов, букв. «раб пятницы».
Мэрем «пятница» + къуэ «сын» – Маремуков, букв. «сын пятницы».
Адыгэхэм мэрем махуэм ехьэлӀа нэщэнэхэри яӀэщ.
Мэрем пшыхьымрэ гъубж пшыхьымрэ цы япхтэкъым, яджтэкъым, ятӀэ
зэрахьэртэкъым.Мэремымрэ гъубжымрэ Ӏуэху яублэртэкъым, гъави ясэртэкъым.
Мэрем гъэш гъэшыншэм ептыну фӀыщ жаӀэрт. Мэрем джэдыкӀэри апхуэдэу ятырт.
Мэрем пшыхьым уэздыгъэ умыгъаблэу кӀыфӀу узэхэсыну фӀыкъым
жаӀэрт.
Мэрем пшыхьым сабыныпс ипкӀутыну фӀыкъым, хьэдэм щӀолъадэ
жаӀэрт.
Мы нэщэнэхэр нэхъыбэу муслъымэн диным пыщӀащ.
Ди зэманым муслъымэн псоми нэхъ ягъэлъапӀэ махуэр мэремыращ.
Абы и щыхьэтщ хьэрыпхэм я тхьэмахуэр а махуэмкӀэ зэриухыр, зыгъэпсэхугъуэ махуэуи къалъытэр зэрыарар.

Тхьэмахуэ зэхуакум щыщу мэремым къыкӀэлъыкӀуэ махуэм щхьэкӀэ щэбэт «суббота» жаӀэ.
Адыгейхэм – шэмбэт, Сирием, Тыркум щыпсэу адыгэхэм мэфэзакъу
жаӀэ (махуэ закъуэ кърагъэкӀыу).3
Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм хэтщ шабет «суббота» псалъэр.
Мы псалъэм грузиныбзэм ущрохьэлӀэ. Шагъыр А. къызэрилъытэмкӀэ,
sabbath «суббота» еврей (журт) псалъэм къытекӀащ. Абы епхащ абх.-абаз. асабша «суббота», убых шъэбэ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, «щэбэт» псалъэр журтыбзэм къыхэкӀащ.1
Абы шэч къытозыгъыхьэ жыӀэгъуэ адыгэхэм ди бзэм хэтащ: «Щэбэт и гугъэр уи гугъэщ»,- жиӀэу. Сирием щыпсэу адыгэхэм зэрыжаӀэмкӀэ, Щэбэтыр – пасэ зэманым жыжьэу уӀэбэжмэ, псэуа лӀы гуэрщ. А жыӀэгъуэри абы и цӀэм пыщӀащ.2
Абы къищынэмыщӀа, щэбэт псалъэр хьэтхэм, семитхэм яӀащ «махуэ-
шхуэ» мыхьэнэр иӀэу.
Псоми ди зэманым а махуэр иудаизм диным пыщӀауэ къалъытэ. Ар
журтхэм нэхъ ягъэлъапӀэ махуэхэм ящыщщ, уеблэмэ мы махуэм ахэр лажьэркъым, я зыгъэпсэхугъуэ зэманщ.

Щэбэтым къыкӀэлъыкӀуэ махуэр тхьэмахуэращ «воскресенье».
Тхьэмахуэ псалъэм нэгъуэщӀ мыхьэнэи иӀэщ: «Неделя» махуибл
зэхуаку Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм мыпхуэдэу щетх:
т х а у м а х о h – воскресенье.
совр. тхьэмахуэ – воскресенье,
Тхамахо – неделя.
совр. тхьэмахуэ – неделя3.
къэб. тхьэмахуэ адыг. тхьаумаф
Мы псалъитӀыр я мыхьэнэкӀэ зыщ, ауэ фонетикэ и лъэныкъуэкӀэ зэщхьэщокӀ. Пасэрей адыгэбзэ лабиализованнэ макъ ху-р адыгеибзэм спирант ф-м хуэкӀуащ, шипящэ спирант ш-м и ужь иту щыбгъэдэтым фӀэкӀа къэмынэу. псалъэм папщӀэ, хуабэ – фабэ; хуы –фы; махуэ – мафэ. Ауэ шхуэ, шхужь, шхуэл.4
Сирием, Тыркум щыпсэу адыгэхэм къагъэсэбэпыр тхьэумаф псалъэ-
ращ.5 Ар адыгеибзэм ещхьщ.
Тхьэмахуэ псалъэр лъабжитӀ зэхыхьэри къэхъуащ. Апхуэдэ псалъэ
къэхъукӀэм ди бзэм куэдрэ ущрохьэлӀэ:
тхьэ – напэ – тхьэнапэ «икона»
тхьэ – лъэӀу – тхьэлъэӀу
Псалъэм япэ Ӏыхьэр тхьэ –кӀэ къыщӀидзэуи щыӀэщ:
Тхьэншагъэ – «безбожие»
Тхьэншэ – «безбожник»
Тхьэпэлъытэ – «богоподобный»
ТхьэрыӀуапӀэ – «место, где собирался народ для суда над кем-либо».
Тхьэшхуэ – «главный Бог»
ТхьэрыӀуэ – «клятва»