Jump to content

Къэбэрдей щӀызахуэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Къэбэрдей щIызахуэ къызыхэкӀар)

Къэбэрдей щӀызахуэ — Къэбэрдей-Балъкъэрым и ишхъэрэ-къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэ щӀызахуэ, Къаукъазыпэ и ику ӀыхьэмкӀэ гъэзауэ Балъкъыпсымрэ Тэрчыпсымрэ я зэхуаку дэлъ щӀы къызыщӀэзыубыдэ.

ЩӀызахуэм къуршыпэм щыщӀэдзауэ аткӀэ ишхъэрэ-къуэкӀыпӀэкӀэ иригъэзыхыу щытщ. ЩӀызахуэм и лъэгапӀэхэр 200 метрэм щыщӀэдзауэ 500 метрэхэм щӀигъуу щытщ. Иныкъуэ щӀыпӀэхэм иджыри къыздэс мэз пӀэ Ӏувхэр къытенэжахэу щытщ. ЩӀызахуэм щынэхъыбэщ фӀыцӀэщӀхэмрэ губгъуэ-фӀыцӀэщӀхэмрэ.