КӀыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ Алим
КӀыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ Алим | |
И лэжьыгъэр: | тхакӀуэ, усакӀуэ |
Къыщыхъуар: | 22 бадзэуэгъуэм и (4 шыщхьэӀуэм и) 1914 |
Къыздэхъуар: | Щхьэлыкъуэ, Тэрч област Урысей империэ |
Дунейм щехыжар: | 2001 мазаем и 29 (86 гъ.) |
Дунейм здехыжар: | Мэзкуу, Урысей |
Къэрал зыщыщтэр: | КъБАССР, Совет Зэгуэт |
КӀыщокъуэ Пщымахуэ и къуэ Алим — адыгэ тхакӀуэ, усакӀуэ. КъБАССР-м и лъэпкъ тхакӀуэ. Социал лэжьыгъэм и лӀыхъужь.
Биографиэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]КӀыщокъуэ Алим 1914 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ.
Япэ щӀыкӀэ КӀыщокъуэр я къуажэ пэщӀэдзэ еджапӀэр, итӀанэ Бэхъсэн куей мэкъумэш ӀуэхущӀапӀэхэм щыхуагъэхьэзыр еджапӀэр, иужькӀэ Орджоникидзе къалэм дэт педагогикэ институтым щеджахэщ.
1935 гъэм Алим институтыр къиухри, щӀэныгъэ куу иӀэу республикэм къигъэзэжащ, егъэджакӀуэ ӀэщӀагъэр зыӀэригъэхьауэ. Ар щылэжьащ егъэджакӀуэхэр щагъэхьэзыр курсым, педрабфакым, щӀэныгъэ-къэхутакӀуэ институтым. 1936 гъэм Алим Мэзкуу аспирантурэм щӀэтӀысхьащ. Ар къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ-къэхутакӀуэ институтым и директору лэжьащ.
КӀыщокъуэм пасэу щӀидзащ усэхэр итхын. Езым къызэриӀуэтэжымкӀэ, ар тохуэ 1924 гъэм. Усэ тхыным и гур пасэу къызэрыхуэушами, ар усакӀуэ зэрыхъуами зыкъомкӀэ я фӀыщӀэ хэлъщ абы и адэ-анэхэмрэ ар Бэхъсэн мэкъумэш ӀуэхущӀапӀэхэм щыхуагъэхьэзыр еджапӀэм а зэманым щезыгъэджа ЩоджэнцӀыкӀу Алийрэщ.
Алим усакӀуэ гъуэгум гъазэ имыӀэу теувауэ къыщилъытэжыр 1934 гъэрщ. КӀыщокъуэм и усэхэмрэ поемэхэмрэ зэрыт "Бгы лъапэхэм деж" и япэ тхылъыр 1941 гъэм къыдэкӀащ. А гъэм Плъыжь дзэм хыхьащ икӀи бадзэуэгъуэ мазэм ар Хэку зауэшхуэм кӀуащ. Ипэ махуэхэм щыщӀэдзауэ а зауэр иухыху, КӀыщокъуэр яхэтащ ди Хэкур бийм щызыхъумэхэм. Зэрихьа лӀыхъужьгъэм папщӀэ Алим къратащ орденрэ медалу зыбжанэ. Зауэ нэужьым КӀыщокъуэ Алим ӀэнатӀэ гугъу зыбжанэм пэрытащ. Ар лэжьащ КъБАССР-м щӀэныгъэ ӀуэхухэмкӀэ министру, КПСС-м и КъБАССР-м и обкомым и секретару, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Министрхэм я Советым и унэфэщӀхэмм и къуэдзэу, ди тхакӀуэхэм я Зэгуэтыныгъэм и тхьэмадащхьэм и унафэщӀу, РСФСР-м и ТхакӀуэхэм я Зэгуэтыныгъэм и тхьэмэдащхьэм и секретару, СССР-м и ТхакӀуэхэм я Зэгуэтыныгъэм и тхьэмэдащхьэм и секретару, СССР-м и Литературэ фондым и техьэпӀэм и унафэщӀу. КӀыщокъуэр зыбжанэрэ СССР-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-мрэ я Нэхъыщхьэ Зэхуэсым я депутату хэтащ. Ар делегату щытащ Совет тхакӀуэхэм я ЕтӀуанэ-Еянэ Зэгуэт-псо зэхуэсхэм.
ГъащӀэм и Ӏуэхугъуэ куэд къызэщӀаубыдэ КӀыщокъуэм и тхыгъэхэм. Ахэр теухуащ лъэпкъ тхыдэмрэ псэукӀэщӀэмрэ, цӀыхугъэ лъагэмрэ лэжьыгъэ хьэлэлымрэ, къуэшыгъэмрэ зэныбжьэгъуныгъэмрэ, мамырыгъэр хъумэнымрэ зауэ щӀэгъэстхэр сэтей къэщӀынымрэ икӀи нэгъуэщӀ Ӏуэхугъуэхэми. Абы щыхьэт тохъуэ КӀыщокъуэм и тхылъ зыбжанэ. Куууэ икӀи гурыхьу щызэпкъырыхащ ди лъэхъэнэм хапӀыкӀ гуащӀафӀэм и гурыщӀэ къабзэр Партыр ди пашэу, Мывэ хуабэ, Я дамэпкъ зэтауэ, Жьэгу пащхьэ мафӀэ усэ сборникхэмрэ Хъуэпсэгъуэ нур, Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ романхэмрэ. УсакӀуэм итхащ сабийхэмрэ балигъхэмрэ папщӀэ поемэ пщыкӀутӀ хуэдиз. Сабийхэр дихьэхыу йоджэ Елбэздыкъуэ, Бажэ пшынэ, Бгы собранэ жыхуиӀэ тхыгъэхэм. Балигъхэм ятеухуа поемэхэм я нэхъыфӀхэм ящыщщ Бгы лъапэхэм деж, Бдзэжьеящэм ипхъу, Адэ, Колхоз шыгъажэм, Тисей, Зэшиблымрэ зы псыкъуиймрэ ятеухуа Индийскэ поэмэ жыхуиӀэхэр.
КӀыщокъуэ Алим и тхыгъэхэр адыгэбзэкӀи урысыбзэкӀи зыбжанэрэ Налшыкрэ Мэзкуурэ къыщыдэкӀащ, лъэпкъхэм я бзэкӀи - азербайджаныбзэкӀэ, лакыбзэкӀэ, латышыбзэкӀэ, хуэхулеибзэкӀэ, эстоныбзэкӀэ, молдаваныбзэкӀэ къыдэкӀащ. Абы иӀэщ хамэ къэралыбзэхэмкӀи - инджылыбзэкӀэ, урымыбзэкӀэ, фрэнджызыбзэкӀэ, полакыбзэкӀэ, чехыбзэкӀэ, хьэрыпыбзэкӀэ къыдэкӀа тхыгъэхэр. Ар щыхьэт тохъуэ КӀыщокъуэ Алим адыгэ литературэмрэ адрей лъэпкъхэм къыхуащӀ гулъытэм, хуащӀ пщӀэм.
И литературэ зэфӀэкӀым и инагъкӀи, абы къызэщӀиубыдэ ӀуэхугъуэхэмкӀи, бгъэдэлъа ӀэзагъымкӀи КӀыщокъуэр ди къэралым и усакӀуэ пажэхэм ящыщу щытащ. Лъэпкъым и къуэ щэджащэ КӀыщокъуэ Алим 2001 гъэм щӀышылэм и 29-м дунейм ехыжащ и ныбжьыр илъэс 87-м иту. И уэсятым ипкъ иткӀэ абы и хьэдэр щыщӀалъхьэжащ и Щхьэлыкъуэ къуажэ. Нобэ езыр къытхэмытыжми, КӀыщокъуэ Алим и тхыгъэфӀхэмкӀэ къыхэнащ илъэс куэдкӀэ хьэлэлу зыхуэлэжьа адыгэ литературэм, лъэпкъ щэнхабзэм.
Тхыгъэ нэхъыщхьэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- «Бгы лъапэхэм деж» (1941 гъ.)
- «Шум и гъуэгу» (1946 гъ.)
- «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ» (1948 гъ.)
- «Черкесские мотивы» («Адыгэ мэкъамэхэр») (1963 гъ.)
- «Мывэхуабэ» (1964 гъ.)
- «Бабий приказ» (1965 гъ.)
- «Дамыгьэ» (1969 гъ.)
- «Батырыбжьэ» (1977 гъ.)
- «Вагъуэ махуэ» (1979 гъ.)
- «Усэхэр» (1988 гъ.)
И цӀэр зэрагъэлъэпӀа
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- 2006 гъэм, Налшык и зы нэхъыщхьэ уэрамым и цӀэр КӀыщокъуэкӀэ яхъэжащ, Алим и фэеплъу.
- 2009 гъэм, Налшык къэрал администрациэ пщӀантӀэм деж, КӀыщокъуэ Алим и монумент зыӀуахащ.