Джеймс Белл
| Якъуб-Бий | |
| Джеймс Станислау Белл | |
| Къыщыхъуар: | 1797 мазаем и 8 или 1796 мазаем и 5[1] |
| Дунейм щехыжар: | 1858 гъатхэпэм и 16 или 1858 гъатхэпэм и 10[1] |
| Диныр: | Чыристэныгъэ (Чристэн диным итми, ислъам диным пщӏэ хуищӏырт, икӏи а пщӏэм къыхэкӏыу фадэ ефэртэкъым, нэщӏи иӏыгът нэщӏмазэм. Нэмэзи ищӏу щытагъэнкӏи мэхъу) |
| Лъэпкъыр: | Инджылыз е Искоч |
Джеймс Станислау Белл (кӀа-бз. Якъуб-Бий)[2][3] - Британиэшхуэм щыщ бизнес-пащэрэ тхакӀуэу щытащ, Урыс-Адыгэ зауэм адыгэхэм я лъэныкъуэкӀэ хэтауэ. АбыкӀэ и ужькӀэ Адыгэм щиплъэгъуахэм теухуауэ итхыжащ. СатуущӀэ зищӀурэ, ар адыгэхэм Урыс пащтыхьыгъуэм зэрыпэщӀэтым дэӀэпыкъуащ.[2]

Джеймс Белл 1796 гъэм Шотлэндым и къалэу Данди къыщалъхуащ.[4] И адэр Уилям Белл, и анэр Аннэ Янгт.[5][4] Ар сатуущӏэу и гъащӏэр ирихьэкӏащ. Сату ӏуэхукӏэ дунейм и щӏыпӏэ зэмылӏэужьыгъуэхэм кӏуащ. И сату гъуэгуанэхэм ящыщ зым Адыгэ Хэкум къэкӏуащ икӏи Адыгэ лъэпкъым я щхьэхуитыныгъэм щӏэбэн бэнэныгъэм гу лъитащ. Адыгэхэм зэрыхузэфӏэкӏкӏэ защӏигъэкъуащ. Адыгэ Хэкум Ӏэщэрэ гынрэ хуэдэ хэкӏыпӏэхэр къыхуришащ.[2] Урыс къэрал тхыгъэхэм къызэратымкӏэ, ар инджылыз тӏасхъэщӏэхыу щытауэ жаӏэ, ауэ абы и щыхьэт гуэри къагъуэтакъым. Чристэн диным итми, ислъам диным пщӏэ хуищӏырт, икӏи а пщӏэм къыхэкӏыу фадэ ефэртэкъым, нэщӏи иӏыгът нэщӏмазэм. Нэмэзи ищӏу щытагъэнкӏи мэхъу.[2]
Гулъытэгъуэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]| Джеймс Белл Уикисурэтылъэм? |
- 1 2 WikiTree — 2005. — ed. size: 13225705; ed. size: 9700000; ed. size: 11519313; ed. size: 14265778; ed. size: 22035076; ed. size: 23699588;ed. size: 40730669
- 1 2 3 4 Journal of a residence in Circassia during the years 1837, 1838 and 1839. Vol. 1-2. London, 1840
- ↑ Karl Friedrich Neumann. Russland und die Tscherkessen (нем.). — Cotta, 1840. — S. 81. — ISBN 978-5-87731-629-4.
- 1 2 Akbaş, Taner (31 Ocak 2020). Travel literature as a political act: Discourse historical analysis of james Stanislaus bell`s journal of a residence in circassia
- ↑ "Family tree of James Stanislaus Bell"